Х. М. Бербекова таов Х. Т., Езаова м. Ю., Хежева м. Р. Лингвистический анализ художественного текста ( на материалах романа т. Керашева «одинокий всадник») Учебно-методические рекомендации
Вид материала | Методические рекомендации |
- Л. Н. Кретова Лингвистический анализ художественного текста на урок, 301.24kb.
- Л. Н. Кретова Лингвистический анализ художественного текста на урок, 206.61kb.
- Л. Н. Кретова Лингвистический анализ художественного текста на урок, 207.83kb.
- Л. Н. Кретова Лингвистический анализ художественного текста на урок, 221.12kb.
- Системно-смысловой анализ текста, 11.16kb.
- Государственное образовательное учреждение дополнительного образования «Белгородский, 355.21kb.
- Элективный курс 10 класс «Лингвистический анализ художественного текста», 319.69kb.
- Учебной дисциплины «Лингвистический анализ текста» Для направления подготовки 031600., 30.88kb.
- Л. Н. Кретова Анализ художественного текста учебно-методическое пособие, 252.08kb.
- Рабочая программа По дисциплине гсе курс по выбору «Лингвистический анализ художественного, 110.38kb.
Ещанэ Iыхьэ.
ЩыIэцIэ унейхэм текстым щаубыд увыпIэр.
Антропонимхэр
Антропоним псалъэр грекыбзэм къыхэкIащ, IыхьитIу зэхэтщ (antropos – «человек», onoma «имя»). Антропонимхэр – ар цIыхум и цIэ и унэцIэ, цIэлейхэр къизыIуэ псалъэхэщ.
ЦIыхум и цIэр, шэч хэмылъу, епхащ лъэпкъым и тхыдэм, и бзэм. Дэтхэнэ зы лъэпкъыми иIэжщ езым и антропонимхэр. Псалъэм папщIэ, «хьэ» - «собака» псалъэр хэту цIэ куэд дыдэ диIэу щытащ. Антропонимхэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхауэ щытщ лингвистикэм (бзэщIэныгъэм).
Адыгэбзэм цIыхум и цIэхэри унэцIэхэри къызэрыхъур мыдрей псалъэхэр къызэрыхъум хуэдэ дыдэущ. Адыгэбзэхэм щыIэщ псалъэ къэхъукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм щыщу нэхъыщхьэр морфологическэ, морфолого-синтаксическэ, лексико-семантическэ.
Морфологическэ псалъэ къэхъукIэм къызэщIиубыдэу щытщ: а) псалъэпкъ зэхыхьэкIэрэ псалъэщIэ къэхъуныгъэ; б) префикс пыувэкIэрэ псалъэ къэхъуныгъэ; в) суффикс пыувэкIэрэ псалъэ къэхъуныгъэ; г) префикси суффикси пыувэкIэрэ псалъэ къэхъуныгъэ.
Морфолого-синтаксическэ псалъэ къэхъукIэр – зы псалъэ лъэпкъыгъуэм икIыу нэгъуэщI зы псалъэ лъэпкъыгъуэм хуэкIуэныгъэ. Псалъэм папщIэ, инфинитив – масдар формэр щыIэцIэм хуэкIуэу къыщыхъу щыIэщ.
Лексико-семантическэ псалъэ къэхъукIэ – псалъэ зэпхар псалъэм хуэкIуэныгъэкIэ къэхъуауэ адыгэбзэм хэтщ псалъэ мымащIэ.
Лексико-семантическэ къэхъукIэр – зы псалъэм нэгъуэщI мыхьэнэ зэхъуэкIа игъуэту къыщыкIуэм и дежщ.
^ Псалъэпкъ зэхыхьэкIэрэ къэхъуа унэцIэхэр:
а) щыIэцIэ + щыIэцIэ
ГъукIэщауэ, Дзэпщ, ХьэпащIэ.
б) щыIэцIэ + плъыфэцIэ
ХьэфIыцIэ, Нэдахэ.
^ Префикс пыувэурэ къэхъуа антропонимхэр:
дэ – Дэбагъуэ
пэры – Пэрыт
зэры – зэрымыщIэ
гъэ – Гъэунэ
Суффикс пыувэурэ къэхъу антропонимхэр:
ж – Гъуэтыж, Унэж
гъу
ф
Префикси суффикси пыувэурэ псалъэ къэхъуныгъэ:
те – ж – Теувэж, Къэшэж.
Мыпхуэдэ унэцIэхэм нэмыщI щыIэщ унэцIэ куэд дыдэ псэущхьэхэм я цIэм къытекIауэ. Псалъэм папщIэ: Дыгъужь, Джэду. ЦIыхум и цIэм къытекIа унэцIэхэр: Анзор, Алим, Мурат.
Адыгэ унэцIэ куэд щыIэщ –къуэ, -сын псалъэр пыувэурэ къэхъуауэ. Акад С.Н. Джанашиа къызэрилъытэмкIэ грузин унэцIэхэм дызыщрихьэлIэ –къва элементыр адыгэбзэм къыхэкIащ. ИкIи «къуэ» псалъэр зыхэт унэцIэхэрщ нэхъыбэ дыдэу «Шу закъуэ» романым дызыщрихьэлIэр:
1. Бэлэтокъуэ [34] – сын Булата.
2. БжэнылIокъуэ [274] – мы унэцIэр псалъэпкъищ зэхыхьэри къэхъуащ: Бжэн + лIы + къуэ.
3. Елджэрыкъуэ [32]
4. ЕмылIыкъуэ
5. Зэлыкъуэ [5]
6. Темгъэн [38]
7. ХьэтIохъущокъуэ [42]
8. Хьэукъуэ [87]
Дэтхэнэ зы къызэрыгуэкI псалъэри нэгъуэщIыбзэм къыхэкIауэ зэрыщытынум хуэдэу антропонимхэр щытынкIэ хъунущ бзэм езым къигъэщIыжауэ, е нэгъуэщIыбзэм къыхихауэ а бзэм мыхьэнэ щхьэхуэ къыщиIуатэу щыту.
Ц1ыхухъуц1эхэр:
- Алъхъэс [187] «особенный» жиIэу къикIыу аращ.
- Андемыркъан [15] Мы цIэм куэд дыдэрэ дыщрихьэлIэу щыткъым романым, зэ закъуэ къыщыкIуэу аращ. Нарт эпосым хэт лIыхъужьщ къызытекIар. КъикI мыхьэнэ и лъэныкъуэкIэ дыбгъэдыхьэмэ мы цIэр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтщ, нэхъ тэмэму жытIэмэ Iыхьищу зэхыхьауэ щытщ, икIи адыгэцIэу щыткъым. Тюркскэ бзэхэм къыхэкIауэ щыту аращ. ЦIэр Iыхьищу зэпыдгъэкI хъунущ, дэтхэнэ зыми мыхьэнэ щхьэхуэ иIэу. Мы цIэр Айдемыр(къан) жиIэу къыщыкIуэ щыIэщ. Ай(ан) «луна» мазэ жиIэу аращ, демыр (темыр) – «железо» жиIэу аращ. Къан псалъэм мыхьэнэ куэд иIэу къыщокIуэ тюркскэ бзэхэм (кровь, царь – хан), ауэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм «гъэсэн» «воспитанник» мыхьэнэр иIэу къокIуэ. «Къан» псалъэр антропонимхэм и пэми и кIэми иту къокIуэ. Псалъэпкъ зэхыхьэкIэрэ къэхъуащ адыгэбзэм.
- Атей [6]
- Батым [38] «батэ» псалъэм еппх хъунущ.
- Батий [94] – мыри тхыдэм увыпIэшхуэ щызыубыд монгол-тэтэрхэм я хъанщ. Мы цIэм мыхьэнэуэ «победитель», «открывающий» иIэщ.
- ГуIэтыж [59] адыгэбзэкIэ гу «сердце», Iэтын (Iэтыжын) «поднимающий, поднимающий вновь» мыхьэнэр иIэщ. УзыгъэгуфIэж, гуауэр пщхьэщызыхыж жиIэу аращ. Псалъэ къэхъукIэ и лъэныкъуэкIэ дыбгъэдыхьэмэ мы антропонимыр псалъэпкъитI зэхыхьэкIэрэ къэхъуащ (щыIэцIэ + глагол).
- Даур [39] – диным ехьэлIа «деур» псалъэм елъытауэ къэлъытапхъэщ.
- Елъхъуэт [242]
- Ерстэм [5] - грузинское сословие и кабардинская фамилия Эристави (Ерстау).
- Жанджэрий [39] - анторопонимыр IыхьитIу – псалъэпкъитIу зэпхащ. ПсалъитIри нэгъуэщIыбзэм къыхэкIащ. Персыбзэм (Вэжэрыбзэм) дыщрихьэлIэу щытщ. «Жан», «Джан» псалъэм «душа» (псэ) мыхьэнэр иIэу. «Жан» псалъэр адыгэбзэм езым и псалъэхэми пыту къокIуэ икIи абы къыхэкIкIэ мы псалъэр адыгэбзэм ейуэ къэзылъыти щыIэщ. «Жан» - «острый» мыхьэнэр иIэу къыдогъэсэбэп. Джэрий (гирей) – татар пщы лъэпкъым я унэцIэу аращ, «заслуженный», «достойный», «обладатель прав» мыхьэнэр иIэу аращ. Мы антропонимыр и щхьэ хущыту псалъэ закъуэу псалъэпкъ Iыхьэм и зы Iыхьэуи къыдогъэсэбэп.
- ^ Кушыку [50]
- Къадырбэч [112] Антропонимыр псалъэпкъитIу зэхыхьащ. «Къадыр» шы лъэпкъ къигъэлъагъуэу щытщ. Тюркскэ бзэхэм къыхэкIауэ щытщ. «Бек» псалъэр «господин», «начальник» жиIэу къокI. «Бек» псалъэр и щхьэ хущытуи, псалъэпкъ зэхыхьэм и зы Iыхьэуи къагъэсэбэп.
- Къуалэ [79]
- Лахъуэжь [73]
- Матвей
- Мыхьэмэт (Мухьэмэд) [42] – «прославленный» мыхьэнэр иIэщ. Хьэрыпыбзэм щыщщ.
- Мурад-мырзэ (Мурат) [147] – «желанный» жиIэу аращ. «Мурад» псалъэр хьэрыпыбзэм къыхэкIащ «цель» мыхьэнэр иIэщ. «Мырзэ» персыбзэм къыхэкIащ. Антропонимым и пэ итуи, и ужьым итуи къокIуэ. КъигъэлъэгъуэнкIэ хъунущ цIэр зезыхьэр: а) лъэпкъ хэIэтыкIам зэрыщыщыр; б) щIэныгъэлI, щIэныгъэ степень иIэу зэрыщытыр; в) секретарь-писец мыхьэнэри иIэнущ. «Мырзэ»-р адыгэцIэхэм япыту къэкIуэнущ.
- Мустэфа (Мэстафэ) [242] Хьэрыпыбзэм къыхэкIащ, «избранник» мыхьэнэр иIэщ.
- Петр [42] УрысыцIэщ. Грекыбзэм къыхэкIащ, «камень», «скала», «утес» жиIэу аращ.
- Созрэхьэ [79] – Созрэщ теонимым едгъапщэ хъунущ. Мэжусий диным и зэманым унагъуэм и тхьэу…
- Тыркубий [211] Мы антропонимыр псалъэпкъитI зэхыхьэри къэхъуащ. Тырку – щыIэцIэ уней. «Бий» псалъэр «бей» (богатый) хьэрыпыбзэм къыхэкIа псалъэм къытекIауэ абы и зы къэкIуэкIэу къэлъытапхъэщ. Языныкъуэ къэралыгъуэхэм «бей» псалъэр «зиусхьэн» жыхуэтIэм и синониму къокIуэ. Мыпхуэдэ элементым куэд дыдэрэ адыгэ цIыхухъуцIэм дыщыхуозэ. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм антропонимхэм къфщфкIуэ бий-м «враг» мыхьэнэр къыикIыу къалъытэ, ауэ ар тэмэм дыдэу къэлъытапхъэщ. Абы ипкъ иткIэ Тыркубий - «богатый турок» жиIэу къокI.
- Уэгъул-бей [236]
- Хьэту – нэпсей «скупой» мыхьэнэр иIэу адыгэбзэм дыщрохьэлIэ.
- Шэлэбий – шылэ «шелк», бий (бей) – богатый.
ЦIыхубзыцIэхэр:
Зулихъэ [245]
Кулэ [188] – «Гулэ» персыбзэм къыхэкIащ «цветок» мыхьэнэр иIэщ.
Лашын [263] – «ястреб» мыхьэнэр иIэщ.
Мазагъуэ [120]
^ Суанд [38]
Топонимхэр
Топонимхэр Iуэхур щекIуэкI щIыпIэм и цIэр къэзыIуатэ псалъэхэрщ. Зы художественнэ тхыгъи щыIэкъым топонимхэр куэд дыдэу къыщымыкIуэу. Апхуэдэщ «Шу закъуэри». Адыгэбзэхэм топоним нэхъыбэ дыдэ къохъу: къуэ «долина, балка» Къамылыкъуэ «Камышовая». «Шу закъуэ» романным куэдрэ дыщрохьэлIэ Зеикъуэ (Кизиловая) топонимым.
псы «вода», «река»
а) Псыбэ, Псыхъурей (вода круглая)
б) ТIуапсэ (двуречье)
Псынэ // родник
Псынэдахэ, Лашыныпс, Дахэ и псынэ.
хьэблэ «аул»
Къармэхьэблэ, Бэрэзджхьэбл.
Iуащхьэ
Сабий Iуащхьэ, Тамбыр Iуащхьэ.
къалэ // крепость, город
КъалэкIыхь, Аскъалэ.
кхъэ // могила, кладбище
Къэбардэ и кхъэ, Кхъэджабэ.
мэз // лес
Нэгъуей мэз, ЦIэмэз.
тх // хребет
Алтудхэ я шытх, ТхыщIакIуэ шытх.
Семантикэ и лъэныкъуэкIэ топонимхэр зэщхьэщыкIыу щытщ:
- ормоним (бгы гъэхъун, къуэладжэ)
- 2. гидроним (псы, псынэ, орыжь, гъуамэжь
- дромоним (гъуэгу, лъагъуэ, щIэкIыпIэ, щIыхьэпIэ)
- ойконим (хьэблэ, къуажэ, жылэ)
- дрионим, фитоним (мэз, жыг)
- «священные места» жыхуэтIэхэр (тхьэщIагъ, чэщанэ, къубэ)
Топонимическэ термин куэд къагъэхъуу щытщ ай, ей жыхуиIэ Iыхьэхэм. Псалъэм папщIэ: Елджэрыкъуей, Инарыкъуей. Адыгэбзэхэм топонимическэ термин куэд къохъу псалъэпкъитI зэхыхьэкIэрэ:
1. щыIэцIэрэ + плъыфэцIэрэ: Псыхуабэ, Псынэдахэ;
2. щыIэцIэрэ + щыIэцIэрэ: ЦIэмэз, ТхьэщIагъ.
Дэ зэрытщIэщи, щытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ плъыфэцIэхэр игъэбелджылы псалъэм иужь итущ къызэрыкIуэр иджырей адыгэбзэм, ауэ топонимхэм дахэплъэжмэ хыдолъагъуэ плъыфэцIэр ипэ иту къыщыкIуи: Дахэпсынэ. Мыр щыхьэт техъуэу къыщIэкIынущ, пасэрей адыгэбзэхэм плъыфэцIэр ипэ иту къакIуэу зэрыщытам. Апхуэдэ дыдэщ бжыгъэцIэхэм я къэкIуэкIэри. Зэрабж бжыгъэцIэхэр иужь итущ къызэрыкIуэр зым нэмыщI. Ауэ топонимхэм ипэ иту къыщыкIуэ щыIэщ: ТIуащIэпс, ТIуалэ. Убыхыбзэми къатщтэмэ бжыгъэцIэхэмрэ цIэпапщIэхэмрэ ягъэбелджылы псалъэм ипэ иту къокIуэ.
- щыIэцIэ + щыIэцIэ + ягъэбелджылы псалъэ: Псынэкъуэпс, псынэ+ къуэ +псы.
- щыIэцIэ + щытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ плъыфээцIэ ягъэбелджылы псалъэр: Псы щIыIэкъуэ.
- щыIэцIэ + щыIэцIэ + зыщыщ къэзыгъэлъагъуэ плъыфэцIэ: Дей мэз цIыкIу, кхъуэжыжь.
- щыIэцIэ (ягъэбелджылыр) + щытыкIэ къэзыгъэлъагъуцэ плъыфэцIэ + плъыфэцIэ: КъуэIэнэщIыжь.
Этнонимхэри щхьэхуэу къыхагъэкI. Ар лъэпкъ щхьэхуэхэм зэреджэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэщ.ж «Шу закъуэ» романым этнонимхэми топонимхэми увыпIэшхуэ дыдэ щаубыд. Ахэр алфавиткIэ зэкIэлъыхьауэ и лъабжьэкIэ къыщокIуэ.
Абэзэхэ [5] Азакъ къалэ [41]
Акъмэжджыт [231] Бахъшысэрей [13]
Бжьэдыгъу [27] Бытырбыху [214]
ВыукIей [117] Гезелеу [227]
Дагъыстэн [84] Джэджанэ [24]
Джэмбулакъ лъэпкъ [189] Зэпэрож къэзакъ [211]
Зеикъуэ [171] Истамбыл [159]
Итау – Итыку [41] Куржы [83]
КIэмыргуей [172] Къафэ къалэ [106]
Къаплу [37] Къалмыкъ [91]
Къазиихым деуэкI уэх [45] Къэбэрдей [5]
Къэжэр [51] Кърым тэтэр [21]
Къыргъыз хэку [215] Къущхьэхъу [40]
Къуэщ [90] Лъэхъэнакъуэ [214]
Мэзкуу [59] Мэхъуышэ [172]
Мэмхэгъ [90] Нэгъуей [13]
нэмыцэ [214] поляк [12]
Сабий Iуащхьэ [95] Скиф [5]
Тамбыр [95] Тэтэр [238]
Тэмэн къалэ [106] Темыр [227]
ТхьэщIагъ [5] ТхыцIакIуэ шытх [25]
ТIэуипкI нэпкъ [40] ТIуапсэ [270]
ТIы едзыхыпIэ [40] Уэр-къап [230]
Уэщтэн [135] УэщнэIу [77]
Улэпсын [35] Урыс къэралыгъуэ [214]
Хыкъуэ [207] Черкес [228]
Шапсыгъ [13] Шэлэбыкъуэ и адрей дэкIыпIэ [189]
Ширин лъэпкъ [247]
Гидронимхэр
Борисфен [148] И сатур жыжьэ макIуэ: Кърыми къыщызэтеувыIэркъым, Борисфен нос.
^ Гъуамэжьыпс [230] Гъуамэжьыпсым я зэхуаку дэлъ щIы къуэпс бгъузэм къалэ быдапIэ гуэр щрихьэлIащ.
Джэдуунэ [190] Япэ цIыху кърамыгъыхьэу Джэдуунэ икIыпIэм деж Лабэ щызэпрыкIащ.
^ Елбыдз псыхъуэ [145] ПIащIэ нэхърэ, шым Елбыдз псыхъуэм зыщригъэгъэпсэхумэ нэхъ фIэтэмэмщ ерстэм.
Индыл [91] Индыл зэпрыкIыу, Къыргъыз хэкум ихьэн хуей хъуащ. Сыт мы щIалэ насыпыншэхэм и лъыхъуэнымрэ и къэшэжынымрэ, гъатхэри гъэмахуэри текIуэдащ, КIэмыргуейм кIуэгъуи ихуэжакъым.
Керч [239] Мы дыкъыздэкIуа гъуэгумкIи кIуэжынукъым, Керч бугъазымкIэ кIуэжын фIэкI.
^ Къэгъэлныкъ [147] Аркъэным и зы кIапэр къыздэпIыгъмэ сыбгъэунащ. Жыжьэкъым, Къэгъэлныкъ и Iуфэм Iусщ.
Къусыкъу [190] Къусыкъу псы цIыкIум нэсыху зыми IущIакъым, зыри зэхахакъым. Псы цIыкIум икIри тIэкIу кIуэтауэ, фоч зэхэуэ макъ зэхахащ.
Лабэ [13] Шапсыгъ пэшэгъу зимыIэмрэ Псыжь кхъуафэкIэ езымыкухэмрэ ЛабэкIэ яунэтIырт.
Псыжь [6] Псыжь Iуфэ ныбжьрей бий кIуапIэ гъуэгужьу щытащ. Илъэс минитI –щыкIэ узэIэбэкIыжмэ, скиф пащтыхь Атей и лъэр Псыжь Iуфэ къихусри къитIысыкIащ.
^ Псыху, Хуарзэ [90] ИтIанэ Хуарзэрэ Псыхурэ я зэхуакур иIыгъыу иригъэзыхыжри Джэдуунэ икIыгъуэм деж Лабэ нэсащ.
Салгъыр [231] Мыри гъуэгурыкIуэхэм я зыгъэпсэхупIэщ, мыбдежи щепсых хабзэщ. Салгъырщ зэреджэр, - жиIащ Ерстэм. – Бахъшысэрей унэсыху, нэгъуэщI псы урихьэлIэжынукъым.
Тэн [223] Псым кхъуафэ зэгуэпхэмкIэ зэпырыкIри Тэн Iуфэр яубыдыжауэ заулрэ псыщхьэмкIэ дэкIуеящ.
Уарп [13] Лабэ зэпрыкIырти, нэгъуейм яхыхьэрт, яIуэтэнкIи, яубыдынкIи къыхэмыщтыкIыжу, уарп ипщэкIэ Псыжь екIуалIэрт, икIыпIэр ящIэрти.
Улэ [35] Елджэрыкъуей жыпIэрэ ущIэупщIэмэ, хэти къыбжиIэнущ УлэпсынэкIи йоджэ, улэ и Iуфэм псынэщIэжышхуэ иIэщи.
^ Хьэрэгуэл [90] Лабэ къызэринэкIа нэужь гъэзапIитI иIэт: Уарп Псыжь щыхэхуэж икIыпIэмрэ Хьэрэгуэл икIыпIэ лъэныкъуэмрэ.
Чамлыкъ [191] Шыхэр тIэкIурэ ягъэбэуа нэужь ежьащ. Чамлыкъ псы Iуфэм нэсыху гупыркъызэтеувыIакъым.
^ Чатырлыкъ [231] Пэжщ, мы лъэныкъуэмкIэ ихьэ гъуэгурыкIуэм дежкIэ лъапIэщ мы псы цIыкIур, псоми я зыгъэпсэхупIэщ. Зэ зэхихамэ и цIэр зыщыгъупщи щыIэкъым: Чатырлыкъщ.
^ Шэгрэн псыхъуэ [117] Шэгрэн псыхъуэ цIыкIум и щхьэм, ВыукIей мэз тхьэлъэIупIэм пэмыжыжьэу, ВыукIей къуажэ цIыкIур дэсащ.
Щхьэгуащэ [90] Ерстэм махэгъым япщэкIэ Щхьэгуащэ зэпырыкIащ. Аращ и нэхъ кIуапIэу щытар.
^ КIэух псалъэ
Мы диплом лэжьыгъэр щыщIэдзэм къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зыхуэдгъэувыжар КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романыр зэрытха бзэр къэхутэныр аращ. Ди къалэныр дгъэзэщIэн папщIэ тхыгъэр щIэдджыкIащ. ТхакIуэм и Iэзагъыр дгъэбелджылын мурадыр ди1эу романым къыщыкIуэ псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм дыкъытеувыIащ, ахэр романым къыхэттхыкIащ.
Шу закъуэ романым жьы хъуа лексикэу хэтхэр къыхэттхыкIащ, ахэр зэхэдгъэкIыжащ историзм - архаизмхэу. Абыхэм я зэщхьэщыкIыныгъэми я гугъу тщIащ.
КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым нэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэ куэд дыдэ хэтщ. Дэ ахэр къыхэттхыкIащ, къызыхэкIа бзэри дгъэбелджылащ. Апхуэдэу, романым къыхэдгъэкIащ тхакIуэм IэкIуэлъакIуэу къигъэсэбэпа синонимхэр, антонимхэр.
Бзэр нэхъ къулей, нэхъ шэрыуэ ищIын папщIэ тхакIуэм къигъэсэбэп художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэри романым куэду къызэрыщигъэсэбэпами гу лъыттащ, ахэри къыхэттхыкIащ.
КIэрашэм и романым увыпIэшхуэ щиубыду щытщ ономастикэм. Ономастикэр езыр къыгуэхыпIэ имIэу епхащ лингвистикэм. Зы тхыгъи щыIэкъым щыIэцIэ унейхэр куэду хэмыту. Ахэри щхьэж зыхиубыдэ гупкIэ дгуэшыжри ди лэжьыгъэм зэхэхауэ къыщытхьащ: антропонимхэр, топонимхэр, гидронимхэр. ЩыIэцIэ унейхэм я къэхъукIэри дгъэбелджылащ.
Апхуэдэу, романым фразеологизм куэд дыдэ зэрыхэтым гу лъумытэнк1э 1эмал и1экъым, дэри ахэр ди диплом лэжьыгъэм щыдгъэбелджылащ.
Шэч хэмылъу, мы романыр тхакIуэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыщ. Пасэ зэманым адыгэхэм яIа псэукIэр IупщIу ди нэгу къыщIэзыгъэувэж тхыгъэщ. Романым и бзэр гъэщIэгъуэнщ, къулейщ, Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ гъэнщIащ, шэрыуэщ. А псори, шэч хэмылъу, щыхьэт тохъуэ тхакIуэм и Iэзагъым.
Лэжьыгъэр щедгъажьэм ди пащхьэ идгъэува къалэнхэр дгъэзэщ1ауэ догугъэр. Ауэ, жы1эпхъэщ, нэхъыбэрэ дипломым делэжьыху езы романри нэхъ гъэщ1эгъуэн тщыхъуурэ, К1эрашэ Тембот 1урылъ адыгэбзэм и къулеягъымрэ ар ек1уу зэригъэшэрыуэфымрэ тф1этелъыджэурэ и к1эм зэрынэдгъэсар. Художественнэ – изобразительнэ 1эмалу тхак1уэм къигъэсэбэпар джыным мы зы романым и к1уэц1к1и адэк1э пыпщэ хъунущ. Магистратурэм дыщелэжьыну адэк1э мы темэм пытщэми ди гуапэ зэрыхъунум шэч лъэпкъ къытетхьэкъым.
Къэгъэсэбэпа литературэ
1 Апажев М.Л Проблемы кабардинской лексики. Нальчик, 1992.
2. Адыгэбзэ псалъалъэ. М., 1999.
3. Бэрбэч Б.Ч., БищIо Б.Ч., IутIыж Б.Къу. Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэ. Налшык, 2001.
4. Карданов Б.М. Кабардино-русский фразеологический словарь. Нальчик, 1973.
5. Шагиров А.К. Этимологический словарь адыгских (черкесских) языков (а-н). Нальчик, 1977.
6. Шагиров А.К. Этимологический словарь адыгских (черкесских) языков (п-I). Нальчик, 1979.