Х. М. Бербекова таов Х. Т., Езаова м. Ю., Хежева м. Р. Лингвистический анализ художественного текста ( на материалах романа т. Керашева «одинокий всадник») Учебно-методические рекомендации
Вид материала | Методические рекомендации |
- Л. Н. Кретова Лингвистический анализ художественного текста на урок, 301.24kb.
- Л. Н. Кретова Лингвистический анализ художественного текста на урок, 206.61kb.
- Л. Н. Кретова Лингвистический анализ художественного текста на урок, 207.83kb.
- Л. Н. Кретова Лингвистический анализ художественного текста на урок, 221.12kb.
- Системно-смысловой анализ текста, 11.16kb.
- Государственное образовательное учреждение дополнительного образования «Белгородский, 355.21kb.
- Элективный курс 10 класс «Лингвистический анализ художественного текста», 319.69kb.
- Учебной дисциплины «Лингвистический анализ текста» Для направления подготовки 031600., 30.88kb.
- Л. Н. Кретова Анализ художественного текста учебно-методическое пособие, 252.08kb.
- Рабочая программа По дисциплине гсе курс по выбору «Лингвистический анализ художественного, 110.38kb.
ЕтIуанэ Iыхьэ.
^ Художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэр тхакIуэм къызэригъэсэбэпыр
Метафорэ
Бзэм хэт дэтхэнэ зы псалъэми щIэлъ мыхьэнэ нэхъыщхьэм нэмыщIкIэ гупсысэ лейхэр абы щIэлъынкIэ, къиIуэтэнкIэ мэхъу. Мыхьэнэ етIуанэ зиIэ апхуэдэ псалъэхэр нэгъуэщIым щебдзылIэкIэ абы мыхьэнэщIэ щигъуэт, къэIуэтэкIэщIэ гъэщIэгъуэн къыщигъэхъу къохъу. Псалъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр зэдзэкIауэ, зэхьэкIауэ къыщагъэсэбэпым тропкIэ йоджэ. Тропхэм бзэ псоми, гъащIэ дыдэми ущыхуозэ, ауэ ахэр нэхъ зыубгъуауэ къыщагъэсэбэпыр художественнэ литературэращ. Дэтхэнэ зы тхакIуэри абыхэм щIежалIэри гупсысэ къиIуатэр нэхъ наIуэ, щIэщыгъуэ ищIынырщ, и тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэм езыр зэрахущытыр къыхигъэщхьэхукIынырщ, абыхэм я бзэр щхьэхуэу, пыухыкIауэ игъэпсынырщ. Троп зэмылIэужьыгъуэ куэд щыIэщ. Абыхэм яхэтщ метафорэри. Абы зы хьэпшыпыр е Iуэхум и щытыкIэхэр нэгъуэщIым иригъапщэ, ирилъыткIэрэ псалъэхэм я мыхьэнэр зэхьэкIауэ къыбгурыIуэ ещI, и дахагъэр ирегъэфIакIуэ. Метафорэм зы предметыр нэгъуэщIым иригъапщэу щытми, ар къыщхьэщыкIыу щытщ бзэм и зы нэгъуэщI Iэмал зэгъэпщэныгъэ жыхуэтIэм. Зэгъэпщэныгъэм зрагъапщэ предметри, ирагъапщэри хэту къакIуэмэ, метафорэм хэтыр а пкъыгъуитIым язырщ – зрагъапщэрщ. Псалъэм папщIэ, «жьыр мэкъугъ» жытIэмэ, дэтхэнэ зы цIыхуми тынш дыдэуи къыгурыIуэнущ жьым и макъыр хьэм е дыгъужьым я къугъыкIэр мыдеж зэрыщегъэпщар, абыхэм я цIэ къыщимыIуами. Метафорэр, гу лъыдмытэххэу махуэ къэс дыщызэпсалъэкIэ къэдгъэсэбэпу щытщ. Метафорэр жыжьэ дыдэ къыщожьэ, махуэ къэс къэдгъэсэбэп метафорэхэр лъэпкъыр мажусий диным щитам къежьауэ жытIэ хъунущ, сыту жыпIэмэ, пасэ зэманым предмет псоми цIыхум хуэдэу псэ яIуту, цIыхум и IуэхущIафэхэм хуэдэ дыдэ яIэу къыщыхъут. Псалъэм папщIэ, дыгъэр къыщIэкIащ, дыгъэр къухьэжащ жыхуэтIэхэр нэхъ пасэ дыдэу къежьа метафорэхэщ. Апхуэдэу мажусий диным къызыхэщыж тхыгъэхэм куэд дыдэу хыдолъагъуэ предметхэр – цIыхухэм щIыхь хуащIу, ахэри тыхь хуащIу. Псалъэм папщIэ, мывэ гуащэ, жыг гуащэ, нэгъуэщIхэри. Мыхэри пасэрей, иджы бзэм къимыгъэсэбэпыж, ауэ литературэм къыхэщыж метафорэу жытIэ хъунущ.
Бзэм метафорэхэр къэгъэщIа зэрыхъу щIыкIитI къыхыдогъэкI. Ахэр олицетворенэкIэ метафорэ къэхъуныгъэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псэ зыIумыт предмет е псэущхьэ, къэкIыгъэ хуэдэхэр цIыхум хуэдэу бзэ яIурылъу къэгъэлъэгъуэнырщ. Олицетворенэр метафорэм и зы лIэужьыгъуэщ. Мыр къыщежьар пасэ зэманырщ, лъабжьэ хуэхъуари мифологиерщ. Олицетворенэм художественнэ литературэм и жанр дэтхэнэми дыщыхуэзэу щытщ, ауэ псом хуэмыдэу басняхэм куэд дыдэрэ дыщыхуозэ. Апхуэдэу IуэрыIуатэм, хъыбарыжьхэм, таурыхъхэм куэд дыдэу къыхощ, псалъэм папщIэ, «псыр къыжьэхогубжьэ», «жыгхэр иувыкIащ», «щIопщ мафIэм бгыщхьэр зэхеупщIатэ» нэгъуэщIхэри. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, мыпхуэдэ метафорэхэр бзэм нэхъ пасэ дыдэу къыхэхъукIащ. ЕтIуанэу метафорэр къэгъэщIа мэхъу зы предметым и щытыкIэ гуэрыр нэгъуэщI предметым кIэрылъхьауэ «овеществленэ» жыхуэтIэращ. Псалъэм папщIэ, «бзэ IэфI», «гу къабзэ» жыхуэтIэхэр.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа метафорэхэм нэмыщIкIэ художественнэ тхыгъэ къэгъэщIэным хуэIэкIуэлъакIуэ тхакIуэхэм езыхэм я метафорэхэр къагъэщIыжынкIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, «Шу закъуэ» романым хыдолъагъуэ мис мыпхуэдэ метафорэ «гъащIэ гущIэгъуншэм и тхьэусыхэ».
Пэжщ, метафорэхэр нэхъыбэу къыщагъэсэбэпыр усыгъэрщ, ауэ художественнэ прозэми куэд дыдэу дыщыхуэзэу щытщ метафорэм. Ар къигъэсэбэпкIэрэ тхакIуэм къигъэщIа образхэм я хьэл-щэныр, я щытыкIэр нэхъ дахэу, нэхъ IупщIу къыдгурегъаIуэ, апхуэдэу тхыгъэм дыкъеджэмэ гу лъыдотэ тхакIуэхэм метафорэ нэхъ дахэ, нэхъ шэрыуэ къыщагъэщIыфыр дунейм и щытыкIэм щытепсэлъыхьым и дежщ, е дунейм и къэхъукъащIэ гуэр ди нэгум къыщыщIигъэувэм и дежщ. Псалъэм щхьэкIэ, «Шу закъуэ» романми хыдолъагъуэ дунейр уэлбанэ зэуэ къызэрыхъуар, щыблэ зэрыуэр, нэгъуэщIхэри.
Шэч хэмылъу, метафорэ екIуу, дахэу, IэкIуэлъакIуэу къызэригъэщIыфыр щыхьэт тохъуэ тхакIуэм и Iэзагъым, икIи художественнэ тхыгъэм и бзэр нэхъ дахэ, нэхъ шэрыуэ ящI.
Апхуэдэ, метафорэр къежьапIэ яхуохъу псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм, фразеологизмхэм. КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым и бзэм и шэрыуагъми езы тхакIуэм и художественнэ талантым щыхьэт техъуэу тхыгъэм метафорэ къыщыдгъуэтахэр, алфавиткIэ зэкIэлъыхьауэ къыдохь.
^ Бгыщхьэ лъагэ гуэрым и нэщIащэ [136] Бгыщхьэ лъагэ гуэрым и нэщIащэм къиувауэ, къурш ажэм и фIыцIагъи елъагъу зэзэмызэ. /Подглазье какой-то высокой горы/.
Бгыщхьэхэм уэс пыIэ папцIэхэр ящхьэрысщ [134] Бгыщхьэхэм уэс пыIэ папцIэхэр ящхьэрысщ, уафэ джабэм щIэбжьахъуэу. /^ Вершины одеты в остроносые снежные шапки/.
Бгым и щыгур зэхеупщIатэ [137] Щыблэ мафIэм и нэхъуейр икIауэ, бгым и щыгур зэхеупщIатэ. /Огонь молнии разрезает вершину гор/.
[и] бгъэм щыз мэхъу [92] Къуажэм щыдэсым еплъынкIи игу къызыхуэмыкI уафэ къащхъуи, мэз щхъуантIи и щыпэлъагъу хуэдэу фIэдахэу, фIэгъэщIэгъуэну зеплъыхь, хьэуа къабзэри зыщимыгъэнщIыжу, и бгъэм щыз мэхъу. /Полной грудью/.
Вакъэ щIэрыпсым укъощ [8] И цейм джанэ плъыжьыфэ къыдоплъ, имест вакъэ щIэрыпсым укъощ. /^ Новая обувь, что зеркало/.
Гурии псэри ирехьэжьэ [48] Бжьамийм игъэIу макъамэ дахэм пхъэ цIыч макъыр щIэтым гурии псэри ирехьэжьэ а макъамэм, уи пкъыр еIэт, уи лъэр нэхъ псынщIэу зекIуэ зэрыхъуар зэхыбощIэ. /Уносит и душу и сердце/.
^ Гу щабагъэ IэфIым игу къигъэткIуу и псэм зыхуишийуэ [134] Армии гу щабагъэ IэфIым игу къигъэткIуу, и псэм зыхуишийуэ, дунейм апхуэдэ зэрытет закъуэмкIэ игу загъэу гущIэгъу IэфIрэ убзэ IэфIкIэ ятэу – гъэщIэгъуэнщ игу зэуэ зэрихьэхур. /Теплота топит сердечный холод, тянется к душе/.
^ Гур IэфI къэхъуащ [49] Джэгушхуэ зызыукъуэдиям здыхэплъэм, бжьамийм къиIукI пшыналъэ къабзэр къыжьэхэпсэри, Ерстэм и гур IэфI къэхъуащ. /Сладко на сердце/.
^ Гу къабзэ [37] ЛIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ зехьэгъуейщ – и пэр къиIэтыжри къыпыгуфIыкIыу къыщIигъужащ: - ЦIыхугъэшхуэ дыдэ тхэмылъми, дигу къабзэщ. Уеблагъэмэ си гуапэщ. /Чистосердечный/.
Гу хуэбагъэ IэфIкIэ и нэгу зэщIоплъэ [54] Пщащэ псыгъуэ цIыкIущ, IэпсынщIэ лъэпсынщIэщ, гу хуэбагъэ IэфIкIэ и нэгу зэщIоплъэ. /^ В лице видится сердечная теплота/.
ГущIэм зыкъыдигъазэу, лыр дэузу [78] Адыгэ уэрэдыжьхэм нэгъуэщI зы гуащIи яхэлъщ – Ерстэм и гущIэм зыкъыдигъазэу, и лыр дэузу, ГукIи псэкIи зэхищIэу. /Вместе с сердечными переживаниями, с болью во всем теле/.
^ ГъащIэ гущIэгъуншэм и тхьэусыхэ [78] Зыхыхьэ хамэ лъэпкъым ядилъагъу псэукIэми хуэдэщ я уэрэдхэм хилъагъуэр – гъащIэ гущIэгъуншэм и тхьэусыхэрщ, гугъапIэ-хъуэпсапIэ нэпцIым и пшагъуэ – Iугъуафэм къыхэIукI щIыкIэу. /Жалобы безжалостной жизни/.
^ Дыгъэ бзийр къытрикIащ [135] Удз щхъуантIэр хышхуэ пэлъытэщи мэуфафэ гъэгъа зэмыфэгъухэмкIэ зэщIэлыдэу, алэрыбгъу щIэращIэм хуэдэщи нэр пIэпех, тIэкIу дэкIри, дыгъэ бзий уэрыр хъупIэми къытрикIащ. /Облил лучами солнца/.
^ Дыщэ маскIэр къапоткIу [100] И хьэзырыбгъи и цей IэщхьитIри апхуэдэщ – уагъэ тхыпхъэ защIэщ. И къамэ бгырыпхри, и хьэзыр Iупэхэри аращ – дыщэ маскIэр къапоткIу. /Лились капельки золотой искорки/.
^ Дыгъэ бзийхэр къытеджэгукIый [84] ЩIыIу бгырыпхырщ гъэщIэгъуэн дыдэр: Дэгъыстэн IэщIагъэу къыщIэкIынущ, мыщIэ зэмыфэгъухэр хэпхъащ, дыгъэ бзийр къытеджэгукIыу, - езыхэр хъарпщIэру хэгуэшауэ. /Лучи солнца отражались/.
Дыгъэр мэзыщхьэм къыпхоплъ [66] Лэгъуп гъэплъа фIэкI умыщIэну, дыгъэр мэзыщхьэм къыпхоплъ. /^ Солнце взошло над лесом/.
Дыгъэр зыщыджэгур [15] Къуршыщхьэ уэсымрэ, мывэ къурш къуабэбжьабэмрэ дыгъэр зыщыджэгур Абазэхэрщ, апхуэдэ мы губгъуэ сэтейм щыплъагъунукъым. /Там, где солнце играет/.
^ Зи гурыIупс къажэ и нитIыр [19] Ичэтхъэнур илъэгъуауэ абы зридзыным зыхуэзыщIа хьэкIэкхъуэкIэм хуэмыдэмэ, нэгъуэщIкIэ зэбгъэщхьынур къэщIэгъуейщ: и нэм мэхъаджэ мафIэр къыщIолыдыкI, ичэтхъэнум хуэIумацIэу, зи гурыIупс къажауэ и нитIыр къытедиящ. /С глазами, горящими желанием/.
^ ЛъхукъуэлI гу пцIанэ [167] Ауэ сыткIэ пыщIа хъуа абы Батым? ЗекIуэлIым щыщкъым, лъхукъуэлI щIалэ щIалэ гу пцIанэщ – щэху защIэу зэкъуэлъ шу закъуэм дауэрэ пыщIа хъуа? /Мягкосердечный, отзывчивый, чуткий тфокотль/.
^ ЛIыхъужь фащэ пцIанэ [6] Дахагъэ щIэрэщIагъэм хуэхъуапсэу щытами, я цIыхухъум къыхахар лIыхъужь фащэ пцIанэт. /букв. голая одежда храбрецов/.
Мэз дэгу [17] А зэрысакъщ: и гуи и пси зэхэщIауэ, мэз дэгу шынагъуэм кIуэцIырокI. /^ Глухой лес/.
Мэлыхъуэ пщыIэри къыщхьэдоплъых [33] Мэлыхъуэ пщыIэри къыщхьэдоплъых: плъырыпIэри, бгъэныщхьэ мащIэ хъужауэ лъэныкъуэкIэ щытщ. /Выглядывают шалаши чабанов/.
Мывэбг пцIанэ [174] Мывэбг пцIанэщ, лъагэ дыдэщи, удэплъеямэ, уи пыIэр пщхьэроху жыхуаIэм хуэдэщ. /^ Голые каменистые горы/.
[и] нэм щIыIэ сырымейр къыщIихыу [84] Абдежым Суанд и нэм щIыIэ сырымейр къыщIихыу жиIащ: -Ар дэ къытлъысыркъым, дэ модрей пэшым дыщышхэми хъунущ. /С ее глаз исходил холодный запах гари/.
[и] нэр мыджылу, щIыIэмэ жагъуэр къыщIилъэсыкIыу [128] Иджыри къэс зэримылъэгъуауэ, нэ жагъуэкIэ къыжьэхэплъащ гуащэнысэр, и нэр мыджылу, щIыIэмэ жагъуэр къыщIилъэсыкIыу. /Не стесняясь, вея ужасный холодом/.
нэплъэгъуэ щэхухэр хуедз [50] ИтIани, лъэмыкIыу, пщащэм нэбгъузкIэ хущIоплъ, нэплъэгъуэ щэхухэр хуедз. /^ Бросает тайные взгляды/.
Псым и нэр зэв дыдэ хъуащ [174] Нэхъри щыкIуэтэIуэм псы цIыкIур бгы джабитIым къызэхапIытIауэ къыщыхъуащ Ерстэм: псым и нэр зэв дыдэ хъуащ, езыми, гузэвэгъуэ хэхуа хуэдэщ, нэхъуейуэ зреудэкI, мэхъущIэ. / «Глаза» воды сильно сузились/.
^ Пшэ фIыцIэхэр уэшх ткIуэпс пIащэхэр къакIуэцIылъэлъу [137] Гъэмахуэм куэд икIуркъым абы: Уэщтэныщхьэ заулрэ щохъущIэри, а къызэрыщхьэщыхьам хуэдэу, уащхъуэдэмыщхъуэу щхьэщокIуэтыж, дыгъэри къопсыж, пшэ фIыцIэхэри, уэшх ткIуэпс пIащэхэр къакIуэцIылъэлъу, лъэныкъуэкIэ зэрохьэкIыж. /С черных туч ссыпались большие капли дождя/.
[и] псэр жыжьэ щызолъатэ [49] ГуIэтыгъуэ-гуфIэгъуэшхуэ гуэрым зэщIиубыдауэ, и псэр жыжьэ щызолъатэ. /^ Душа витает в облаках/.
пшэ фIыцIэ Iувыр щIопщ мафIэм зэхеупщIатэ [137] Иужьым абыи куэд ихьакъым – а пшэ фIыцIэ Iувыр щIопщ мафIэм зэхиупщIатэ хъуащ. /Густые черные тучи разрезает огненная плеть/.
псыр къыжьэхогубжьэ [125] Абдежыр псым и зыгъэзапIэщ, Ерстэм зытет нэпкъым псыр къыжьэхогубжьэ, бгы лъабжьэр щIихащи, бгъуэнщIагъышхуэщ, псы архъуанэр жьауэ кIыфIым щоджэрэз, къобрыгъукI. /букв. Река рассержена/.
топ нэжьгъыр укъигъэуIэбжьу къыбжьэхоплъэ [230] Блыным топ уапIэ гъуанэхэр пхыгъэмбащ, топ нэжьгъыр укъигъэуIэбжьу, къыбжьэхоплъэ.
^ Уэмрэ щIымрэ я щэху мыIуатэ щIэдэIуу [91] Ерстэм, шууэ гъуэгуанэ щытехьэкIэ щакIуэ хэпщыкIэр нэхъ къещтэ – уанэр и пIэщхьагъыу, щIакIуэр и тепIэну, уэмрэ щIымрэ я щэху мыIуатэ щIэдэIуу, псы Iуфэм е гъэхъунэ нэзым жэщыр щрихыныр и нэхъ щIасэщ. /Прислушиваясь к тайнам земли и неба/.
^ Уэрэдым и мэкъамэ жьгърур зэролъэлъ [77] И Iэ ижь Iэпищыр бзэпсым ирожэ, макъ дэгу щабэхэр жыжьэ къиIукI къыпфIэщIу къызэрокIут, уэрэдым и макъамэ жьгърур зэролъэлъ. /Рассыпается звонкая мелодия песни/.
^ Уэрэдым и дамэм шэсауэ [79] Уэрэдым и дамэм шэсауэ зэрыта лIыгъэщIапIэ лъагапIэм къехыжри, Ерстэм и гур тIысыжащ. /букв. Сев верхом на крылья песни/.
УкIытэ лъахъэр илъщ [55] КIуэ, цIыхухъур зыгуэрым хуэдэщ, ихъу-илъми, дэуей къелъыхми нэхъ емыкIуншэщ, пщащэм укIытэ лъахъэр илъщ, сытыр хузэфIэкIын лъэбакъуэ лей ичыну хуимытмэ. /Опутан оковами стыда/.
^ ЦIыхухъу нэплъэгъуэм и мафIэм игъэткIуа [48] Езы пщащэхэри, апхуэдиз цIыхухъу нэплъэгъуэм и мафIэм игъэткIуа щIыкIэу, я напIэ едзыхахэу зэхэтщ. /Растворяясь во взгляде мужчины/.
ЩIы къуэпс бгъузэ [230] ЩIы къуэпс бгъузэр якIуащ, кърым щIыналъэ щихьэ дыдэм, псы цIыкIу гуэр Iууащ. /^ Тонкие жилы земли/.
ЩIы гъунэм лыгъэ щызэщIэнауэ къыпщохъу [66] И ныкъуэр къухьащ, щIы гъунэм лыгъэ щызэщIэнауэ къыпщохъу, уафэ джабэр пшэплъым зэщIищтащ. /Кажется, что на краю земли зажглись огни/.
^ Шынагъуэ гуэрым и мэ къащIихьагъэн хуейщ [230] Хэт ищIэрэ, Урысейм Кърымым къажьэхикъузэу хуежьащ жаIащи, абыкIэ къикIыну шынагъуэм зыхуагъэхьэзыррэ е Запэрож къэзакъхэм хъунщIэ Iуэху кърахьэжьэнкIэ темышыныхьрэ? Сытми, шынагъуэ гуэрым и мэ къащIихьагъэн хуейщ – я фIэщу загъэхьэзыр хуэдэщ. /Должны бы почуять запах опасности/.
Зэгъэпщэныгъэхэр
алэрыбгъу щIэращIэм хуэдэщи [135] ТIэкIу дэкIри, дыгъэ бзийр хъупIэми къытрикIащ, удз щхъуантIэр хышхуэ пэлъытэщи, мэуфафэ, гъэгъа зэмыфэгъухэмкIэ зэщIэлыдэу, алэрыбгъу щIэращIэм хуэдэщи, нэр пIэпех. /Цветастый, как красивый ковер/.
банэм хуэдэу [151] Дауэ зимыщIами, дыгъужьым и къурмакъейр хьэм иутIыпщыжакъым, банэм хуэдэу хэнауэ, иIыгъащ. /Как колючка/.
бзу абгъуэ щIэращIэм хуэдэу [50] ПыIэр щIыгубгъуэ лъахъшэщ, бзу абгъуэ щIэращIэм хуэдэу, хуэлъэныкъуабэу щхьэрысщ, тхыпхъэпсынщIэ дахи хъэпхъащ. /Как красивое птичье гнездышко/.
бгъэм хуэдэу [110] Апхуэдэ пщащэм псэлъыхъуищэ ещэ хъунущ, и щхьэщыгу бгъэм хуэдэу щыхуарзэу. /^ Как орел/.
блащхъуэ шыхьам хуэдэу [81] Псы щIыIэ дэжащ я кум: унагъуэми я щIасэкъым, блащхъуэ шыхьам хуэдэу щощтэ, езыри къащомэхъашэ, фIэдахэ илъагъуркъым, псоми защедзей. /Словно скрученная гадюка/.
вагъуэижым хуэдэу [15] Аркъэныр зэрымылъадэ щIыкIэ, зэпыбупщIыным ухуэщIауэ щытын хуейщ, е, Андемыркъан ещхьу, аркъэным вагъуэижым хуэдэу урижэнщи, бий щэхурыпхъуэм и псэр хэпхынщ. /Как падающая комета/.
дамэ къытекIам хуэдэу [92] Иджы хуэдэу Iуэху пIэщIэгъуэ имыIэу шу щхьэхуиту къыщежьэкIэ, Ерстэн къызыхэкIари имыщIэу, и гум гуфIэгъуэр из мэхъу, дамэ къытекIам хуэдэу игуи и щхьи заIэт. /Словно выросли крылья/.
дамэр гуэхуа хуэдэт [230] Я щхьэ кърикIуам къыхигъэщIауэ, ар зытрилъхьэнури, зытримылъхьэнури хузэхэмыхужу, гупсысэм хэхуарэ и нэр плъызу, и пIэм ижыхьарэ гукъыдэж лъэпкъи имыIэжу, и дамэр гуэхуа хуэдэт Ерстэм. /Словно отвалились крылья/.
дыгъужь нэщIам хуэдэу [39] Дыгъужь нэщIам хуэдэу уи ужь къиувэнщи, е уахьынщ, е уашхынщ. /^ Словно голодный волк/.
дыгъужь пхам хуэдэу [18] …зэкIуэцIыущэхуауэ, хьэлъэу зэрыбауэм фIэкI зимыгъэхъейуэ, дыгъужь пхам хуэдэу и дзэ зэтенауэ щылъщ. /Как связанный волк/.
дыгъужь щтам хуэдэу [142] Дыгъужь щтам хуэдэу къадзыхьауэ, щIалэр яIэщIэкIуэдакIэ? /^ Как перепуганный волк/.
дыгъужьынэм хуэдэщ [250] Си нэр дыгъужьынэм хуэдэщ. /Как волчий глаз/.
дыщэпс къыхэщIыкIа пэлъытэщ [66] Удзи, жыги, бгъэныщхьи, дыщэпс къыхэщIыкIа пэлъытэщ. /^ Словно позолоченные/.
джэгум яшэ хуэдэ [241] Араи джэгум яшэ хуэдэ пщащэхэр щIагъэщIэрэщIар. /Словно ведут на игры, веселье/.
джэдум хуэдэу [245] Зулихъэр и пэшым щIэлъэдэжри, къытехьауэ къыщIэжыжащ, джэдум хуэдэу зиудыгъуауэ, къытелъэн хьэзыру, ди пщащэм къыбгъэдэкIуатэу хуежьащ. /Как кошка/.
жа нэхъей [55] Суанд, жа нэхъей, бауэрэ мыбауэрэ къыпхуэмыщIэну зэфIэтщ. /^ Как застывший/.
жьым хуэдэу [47] Жьым хуэдэу псынщIэщ, лъэщщ жысIэри, шым аращ Сумум щIыфIэсщар. /Как ветер/.
иныжь блыпкъ нэхъей [136] Дэплъеймэ – мывэбгым и дзакIэр, иныжь блыпкъ нэхъей, уэгум щIэгъэкъуауэ елъагъу. /^ Как плечо великана/.
[я]ку мывэ хъурей дэжащ жыхуаIэм хуэдэт [28] … итIани и щхьэгъусэм абыкIэ еупщIын игу идакъым – яку мывэ хъурей дэжащ жыхуаIэм хуэдэт. /Словно между ними пробежал камень/.
къамэ сэрейуэ къещIэкIа хуэдэщ [98] Мэзыжь-жыгыжь сатыркIэ къэувыхьащ – зэгуэр иса жылэм и гъунапкъэ къигъэбыдэу, къалэ сэрейуэ къещIэкIа хуэдэщ. /Пристроена, как крепость/.
къабзийм хуэдэу [158] Темгъэн зэшитIым я пщIантIэм дэт бгъэныщхьэ псэуалъэр къанэ щымыIэу, мафIэм зэщIищтауэ, къабзийм хуэдэу дрисейрт. /Как птичье перо/.
къэбыжь упIэщIа хуэдэщ [45] Шыгъуэ бэлацэщ, щхьэщIыдзэ нэтIацэщ и пэ гъуанэр къоплъэ, и сокур къолэлэхри лъэщажьэм къос, и лъэдакъэцым сабэр елъэщI, и лъабжьэри къэбыжь упIэщIа хуэдэщ. /Как раздавленная тыква/.
кърум хуэдэу [50] Батым зи цIэ ириIуа лIакъуэлIэш щIалэр уэркъхэм яхэтт – кърум хуэдэу, и пщэ хэшауэ, джэгум хоплъэри, гу лъытэгъуейкъым. /Как журавль/.
кхъуэ Iущыжьым хуэдэщ [232] А Хьэтур кхъуэ Iущыжьым хуэдэщ – и ужь кIэщIу дызэритыр ещIэ. /^ Словно старая мудрая свинья/.
лъэта нэхъей [55] ПсынщIэ дыдэу зыщипхъуати къохъу, зепхъуатэри, лъэта нэхъей, утыкур хуримыкъуу, щIыгум зытрниIэтыкIыным хуэпабгъэ щIыкIэу къофэ. /Как взлетевший/.
лъэтэжыным зыхуэзыщIа бзу цIыкIуу, зи дамэр зышэщIа нэхъей [50] Езы пщащэри, лъэтэжыным зыхуэзыщIа бзу цIыкIуу, зи дамэр зышэщIа нэхъей, пкъы псынщIэ Жану къыпщохъу. /Словно птичка, которая приготовилась взлететь, вытянув свои крылья/.
улъэхъауэ гъэрыпIэм уис хуэдэу [91] …бысымри ибогъэш, уэри улъэхъауэ гъэрыпIэм уис хуэдэу мэхъу. /^ Словно сидящий в темнице/.
мазэ ныкъуэ теплъэу [7] КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм мазэ ныкъуэ теплъэу щызэрахьэ сэшхуэри адыгэхэм нэхъ Iэрыхуэ ящIащ. /Словно полумесяц/.
мафIэр къыщIэнам хуэдэт [141] ФIэхъус кърихыни щыгъупщэжат тхьэмыщкIэм, мафIэр къыщIэнам хуэдэт. /^ Словно горящий в огне/.
махъшэ чырэшхуэм я сыдж папцIэ щIыкIэу [134] Махъшэ чырэшхуэм я сыдж папцIэ щIыкIэу зэхэувауэ къыпщохъу бгыщхьэ хужьхэр. /Словно острый горб верблюда, перевозящего груз/.
мэз адакъэм хуэдэу [100] Сытми, мэз адакъэм хуэдэу, къуэлэнпщIэлэнщ, езыр зи щыпэшэс щIалэщ жыпIэну шым къецIыкIуэкIыу, трапха щIыкIэу, тегъэпщIауэ тесщ. /Словно фазан/.
мывэ сын гъэжам хуэдэу [99] И шыщхьэ къахуэгъэзауэ, мывэ сын гъэжам хуэдэу, мыхъейуэ, щытт. /^ Застывший словно каменный памятник/.
мывэ кIэщхъ зэхэпцIэжам хуэдэу [5] Мывэ кIэщхъ зэхэпцIэжам хуэдэу лъыпцIэ яер фэ щIагъым щызожэ. /Как сросшаяся галька/.
мыхъэр къэхъуауэ ятхьэлэ хуэдэ [67] Мыхъэр къэхъуауэ ятхьэлэ хуэдэ, мэкIий, азэн псалъэр зэтрипхъанкIэу. /^ Словно сверхъестественная сила душившего/.
мыщэ бэлацэ хуэдэ [93] Жыжьэу къыщалъагъуэ бгы тхыцIэ лъагэхэр, мыщэ бэлацэ хуэдэу зэфIэувэжауэ. /Словно лохматый медведь/.
нэкIэ зэрыщIэ хуэдэ [214] ЗэжраIэ щIагъуи щыIэкъым нэкIэ зэрыщIэ хуэдэ, зэгъусэн я гуапэщ. /^ Словно общаются взглядом, глазами/.
[и] нэгу уае уафапшэу зэхэуауэ [115] И нэгу уае уафапшэу зщэхэуауэ, и пащхьэ илъ хьэдэм зэхихынкIэ шынэу, щIалитIым унафэ яхуещI. //
[и] плIэм мывэ абрагъуэ дэхужа хуэдэ [131] ИтIани, и плIэм мывэ абрагъуэ дэхужа хуэдэ, псынщIагъуэ гуфIэгъуэ къыщыхъуащ, апхуэдиз лъандэрэ къытехьэлъэ Iуэху хьэлъэм кIэ щыгуфIыкIащ. /Как будто с плеча упал большой камень/.
псэущхьэ Iэл хуэдэщ [240] Нэр пIэпех и дахагъым, ауэ пхуэмыIурыщIэн, пхуэмыубыдын псэущхьэ Iэл хуэдэщ укъигъащтэу-укъигъаскIэу. /Как дикое животное/.
псы щIыIэ мылым хуэдэ [137] Бгы зэхуакум къыдиху жьыбгъэ щIыIэр псы щIыIэмылым хуэдэщ, лъэр щIеуд жыпIэнущ, арии и щыпэлъагъу щIыкIэщи, къегъэгубжь. /Как родниковая вода/.
пщIыхьым хуэдэу [25] ПщIыхьым хуэдэу, яхохьэри къахокIыж. /Как во сне/.
уэгум къыщыблэ вагъуэ закъуэм хуэдэу [54] Игу илъыр къыпхуэмыщIэну зэхэмыху-зэхэущэхуауэ, уэгум къыщыблэ вагъуэ закъуэм хуэдэу зэщIэлыдэу, пщащэр къофэ. /Словно звезда, горящая на небосклоне/.
фIэкIыпIэ лъыхъуэ хуэдэу [77] ИтIанэ, а шынагъуэу зыIууам и фIэкIыпIэ лъыхъуэ хуэдэу, нэхъыжьым и макъ зэтриIыгъэжри, жиIащ… /^ Словно ищущий пути выхода/.
хэкужь бгынэжам хуэдэу [230] Зауэ хьэлэбэлыкъ щыщымыIэм и деж зэрыбжесIащи, хэкужь бгынэжам хуэдэу, зэгъуэкI мэхъу. /Словно заброшенная, покинутая территория, страна/.
хуабэ лъэныкъуэм лъэтэжыну бзум къызэрыхэхъыжьэм хуэдэу [89] Зыхуэхъуапсэри зыхуеIэри имыщIэу, хуабэ лъэныкъуэм лъэтэжыну бзум къызэрыхэхъыжьэм хуэдэу, и пIэ имызэгъэжу гумэщIэгъуэ-хъуэпсэгъуэу игу къинэжащ. /Словно птица, которая очень хочет улететь в теплые края/.
хьэ щэхурыпхъуэм хуэдэщи [162] Хьэ щэхурыпхъуэм хуэдэщи, йощэ иджыри… /Словно собака, кусающая исподтишка/.
хьэ епхам хуэдэу [245] Ягъашхэ, яхуапэ щхьэкIэ, хьэ епхам хуэдэу яIыгъщ. /Как привязанная собака/.
хьэ бзаджэм якIуэцIрыкI щIыкIэу [26] Хьэ бзаджэм якIуэцIрыкI щIыкIэуи я гъащIэ гъуэгуанэр апхуэдэу къакIун хуей мэхъу. /^ Словно проходящий через злых собак/.
хьэми бгъэми заущэхужа хуэдэщ [18] Зыри зэхихакъым, хьэми бгъэми заущэхужа хуэдэщ. /букв. словно притихли все орлы и собаки/.
хьэнцигуащэм кIэрыщIам хуэдэщ [265] Иджы и пыIэри къинэкI и къами и сэшхуэ кIыхьыжьи хьэнцигуащэм кIэрыщIам хуэдэщ. /^ Словно привязанная к чучелу/.
хьэIуцыдзым хуэдэу [261] ЕплIанэрауэ, гъуэгу сыздытетым, хьэIуцыдзым хуэдэу къызэщакIуэри, си гъусэр гъэр ящIащ. /Как шакал/.
цы топым хуэдэу [86] ЩIалэ цIыкIур шыщхьэмкIэ къыщхьэдэлъэтэхащ, цы топым хуэдэу къэджэрэзри, сабэр къажьэхипхъэу, Батым и пащхьэм къиуващ. /Как клубок шерсти/.
цIыхул яшхыным хуэдэу [26] ЦIыхугъи яхэлъ хуэдэщ, уэркъ хабзи ткIийуэ зэрахьэ, итIани цIыхул яшхыным хуэдэу гъэпсащ. /^ Словно готовые есть мясо человеческое/.
шабзэкъум хуэдэу [151] И пщэцым зыкърыригъэсащ, и кIэр и бэкъу дикъузэри, шабзэкъум хуэдэу къэшауэ къэуващ. /Как дуга лука/.
шху пцIа гъащIэм хуэдэу [134] Жэщ мазэхэм и жьауэр иджыри зэхэкIыжакъым, мэзри, къуэладжэхэри хыуимыгъэлъагъукIыу пшагъуэ телъщ, шху пцIагъащIэм хуэдэу уфафэу, пакIэ-пакIэу зеуалэу. /Словно только что заквасившееся молоко/.
шылэджэдым хуэдэу [6] Шылэджэдым хуэдэу тхыпхъэщIыпхъэ зэмыфэгъубэр зэрагъэкIури, гурыхьу фащэ хухахащ я бзылъхугъэм. /^ Словно куропатка/.
шыуанышхуэу къащхьэщыIуба хуэдэщ [145] Нэр здынэплъысыр губгъуэ сэтейщ, уи нэ къыфIэнэни плъагъуркъым, уафэ къащхъуэр шыуанышхуэу къащхьэщыIуба хуэдэщ, щIымрэ уафэмрэ щызэхыхьэжыр IупщIу плъагъуу къыпфIощI. /Словно прикрытые крышкой большого котла/.
щынэ зыхь бгъэжьым и дамэм хуэдэ [5] Щынэ зыхь бгъэжьым и дамэм хуэдэщ и цеикIэр: и хьэзыр фIыцIафэм дыгъужьыдзэ дзэкъэну, укъегъаскIэ. /Словно крыло орла, несущего ягненка/.
[и] щыпэлъагъу хуэдэу [92] Къуажэм щыдэсым еплъынкIи игу къызыхуэмыкI уафэ къащхъуи, мэз щхъуантIи, и щыпэлъагъу хуэдэу фIэдахэу, фIэгъэщIэгъуэну зеплъыхь. /Как будто впервые видит/.
щIалэ цIыкIуу джэгуа хуэдэщ [65] АтIэми, ар Ерстэм къыдэхъуакъым. ЩIалэ цIыкIуу джэгуа хуэдэщ. /^ Как заигравшийся мальчик./.
[и] IэкIэ теIэбэным хуэдэу [109] Уащхъуэдэмыщхъуэу, и IэкIэ теIэбэным хуэдэу, Ерстэм и нэм къыфIэщIащ: щIалэм и хьэдэр, и IитIыр зэбгырыдзауэ и пащхьэ къихута хуэдэщ. /Словно можно дотронуться рукой/.
зи Iуэху блэмыкI гъуэгурыкIуэм хуэдэу [18] Абы хэту, къудамэ гуэр Iуихри, и щхьэр игъэщхъын хуей хъуащ и щхьэр къыщиIэтыжымилъэгъуащ: Шур зи Iуэху блэмыкI гъуэгурыкIуэм хуэдэу, къежьауэ къокIуэ, мыпIащIэу. /Словно неторопливый путник/.
^ Iэхъушэм хуэдэщ [35] КIэмыргуей жылагъуэхэр зэщIэукIауэ зэхэсщ – шэджагъуэ хуабэм лъэгапIэ жьыщIэхум щызэхэувэ Iэхъушэм хуэдэщ. /Как стадо/.
Фразеологизмхэр
Дэтхэнэ бзэми куэду хэтщ фразеологизмхэр. Фразеологизмхэр зэкIэщIэпч мыхъу псалъэхэщ. Псалъэ зэпхам къыщхьэщыкIыу фразеологизмым хэт псалъэхэр я закъуэу щхьэхуэу къэдгъэсэбэпкъым. Фразеологизм куэдым метафорэ къежьапIэ яIэщ. Псалъэм папщIэ: акъыл жан. Иужь илъэсхэм фразеологиер джыным зиужьауэ щытми, абы теухуауэ зэдэуэныгъэ къэзышэ гуэрхэри щыIэщ. Апхуэдэу фразеологизмхэм псалъэжьхэри хэзыгъыхьэ щIэныгъэлI гуэрхэри щыIэщ, хэзымыгъыхьэхэри щыIэщ.
Дэ зэрытщIэщи, фразеологизмхэм я къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэу щытыр, ахэр зэкIэщIэпч зэрымыхъурщ, абы хэт псалъэхэр зэмыгъусэмэ, фразеологизмхэм я мыхьэнэр къута зэрыхъурщ. Урыс щIэныгъэлI Ожегов С.И. къызэрилъытэмкIэ, псалъэжьхэр къыгуэгъэкIыпхъэщ фразеологизмхэм. Абы и щхьэусыгъуэуи къехь псалъэжьхэр псалъэухам хуэдэ дыдэу зэпкъырыпх зэрыхъур, икIи мыхьэнэ пыухыкIа къиIуатэу зэрыщытыр. Псалъэм папщIэ: мыщэ дыгъужь фIэбэлацэщ. Фразеологизмхэр псалъэухам и пкъыгъуэу хоувэ, зы къалэн ягъэзащIэу. Ауэ псалъэжьхэр махуэ къэс дыщызэпсалъэкIэ къэдгъэсэбэп псалъэухахэм къыгуэгъэкIыпхъэщ. Ахэр ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къадэгъуэгурыкIуэ, цIыхубэм я нэгу щIэкIа гуэр къэзыгъэлъагъуэщ.
ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, фразеологизмхэр дэтхэнэ зы псалъэми хуэдэу псалъэухам хэувэнущ, къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр игъэзащIэу. Езыхэм я зэхэлъыкIэкIэ фразеологизмхэр лъэпкъыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI:
- зы псалъэ фIэкIа мыхъуу: зэхэвэзэхэжьэ, IэхъуэтегъэкI;
- псалъитIу, щыуэ зэхэту: напэр техын, пэр дэгъэзеин, Iэпэр шхэн;
- псалъэуха ирикъуу зэхэту.
Фразеологизмхэм яхэтщ сыт щыгъуи щымыIэныгъэ къигъэлъагъуэу щыту. Псалъэм папщIэ: и сурэтым итыжкъым, пщIыхьэпIэу и гум къэкIкъым. Ауэ бзэм хэтщ щыIэныгъэ формэри щымыIэныгъэ формэри иIэу къыщыкIуэ: бэуэгъуэ гъуэтын, бэуэгъуэ мыгъуэтын. ЩымыIэныгъэр къэзыгъэлъагъуэ аффиксхэр (-къым, -мы) хэувэнущ:
- фразеологизмым хэт глаголым: си гупсысэр хуэкIуэркъым
- фразеологизмым хэт деепричастием: зыхилъхьэ щымыIэу
- фразеологизмым хэт причастием: гу мызагъэ иIэн.
Лексикэм хуэдэ дыдэу фразеологием зыужьыныгъэ гуэрхэр къыщымыхъуу къанэркъым. Псалъэхэми хуэдэ дыдэу фразеологизмхэр жьы мэхъу, бзэм хокIыж, щIэ къыхохьэ. Жьы хъуа фразеологизмхэр бзэм къыхэбгъэкIыну тынш дыдэкъым. Ар гугъу къытщызыщIыр дэ тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ куэд зэрымыщIам къыхэкIкIэ, памятник гуэрхэри диIэу зэрыщымытырщ.
Фразеологизмхэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIэхъум и зы щхьэусыгъуэщ ахэр калькэ ящI зэрыхабзэр. Ар урыс псалъэ шэрыуэхэр зэрыщытым хуэдэ дыдэу и мыхьэнэр хъумауэ адыгэ псалъэхэмкIэ къыщаIуэтэжыр аращ. Псалъэм папщIэ: и пIэ игъэувэжын хуейщ (поставить на свое место).
Художественнэ текстым щагъэзащIэ къэлэн и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ фразеологизмхэм къагъэлъагъуэу щытщ цIыхум и хьэл-щэн, цIыхур зыхэхуа Iуэхугъуэ гуэр, цIыхум и псэм дэкI гупсысэхэр, зэбииныгъэ, ныкъуэкъуагъэ, лъагъуныгъэ, акъыл сыт хуэдэхэр.
Фразеологизмхэм тхыгъэм и бзэм къалэнышхуэ щагъэзэщIэфI. Ахэр къезэгъыу IэкIуэлъакIуэу хэгъэувэн хуейщ тхыгъэм. Бзэр фразеологизмхэм лъэщ, дахэ ящI, абыхэм я сэбэпкIэ тхакIуэм жиIэну зыхуейр нэхъ кууэ, кIэщIу къэIуэта мэхъу. Фразеологизмхэм образ къэгъэщIынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэу щытщ, фразеологизм къигъэсэбэпахэмкIэ къыдощIэ езы авторыр образым зэрыхущытыр КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым фразелогизм зэхуэмыдэ куэд дыдэ къыщокIуэ. Ахэр алфавиткIэ зэкIэлъыхьауэ и лъабжьэкIэ къыщыдохь.