Х. М. Бербекова таов Х. Т., Езаова м. Ю., Хежева м. Р. Лингвистический анализ художественного текста ( на материалах романа т. Керашева «одинокий всадник») Учебно-методические рекомендации

Вид материалаМетодические рекомендации

Содержание


Iэдэб [19] (хьэрып)
Iэмал [25] (араб.)
Iисраф [215] (хьэрып)
Iыхьлы [106] (хьэрып)
Подобный материал:
1   2   3   4   5   6

азэн [36] араб. adan «призыв к молитве, провозглашаемый духовным лицом. Къуажэм азэн джапIэ лъагэм зыкъыщеIэт, нэгъуэщI жылэ иджыри къэс щилъэгъуакъым Ерстэм азэн джапIэ.

акъыл [44] (хьэрып) /Ум, рассудок/. ЦIыхум гупсысэну Iэмал къезыт зэфIэкI. ЛIыгъэмрэ акъылымрэ цIыхур егъэдахэ, аращ Батым и гушыIэ делэ зыутIыпщым ящыщкъым, дыхьэшхырейуи плъагъукъым.

анэмэт [273] (хьэрып) anamat – «доверие, оставленный на чье-либо попечение». Абы и пщIэу сэ пхуэсщIэжын слъэкIынур аращи, си щхьи си пси уи анэмэтщ.

арджэн [272] (тюрк.) къэрэш. джеген, балк. жеген, арджен циновка. Блыным арджэнит-щы фIэлъщ тхыпхъэ дахэ хэщIыхьауэ.

аркъэн [15] (тюкр.) /Аркан, толстая веревка/. Зи кIапэм щылъэфыгъуэ иIэу шыкIэм къыхэщIыкIа кIапсэ кIыхь. Аркъэн кърадза щхьэкIэ, хуэIэрыхуэти, аркъэныр псынщIэу зэпиупщIын хузэфIэкIащ.

ахъырзэман [31] (хьэрып) akirzaman «конец мира» «светопредставление». Адыгэбзэм «великолепный», «замечательный» мыхьэнэр иIэу къыдогъэсэбэп. Гъуэзэджэ, фIы. «ПщылI ахъырзэмани мыр» - жери игъэщIагъуэу, Ерстэм шууитIым я фоч кIэщIхэр къызэпщIэхэхауэ илъэгъуащ.

ахъшэ [141] (тюрк.) балк. ахча, ног. акша. / деньги. Уасэ нэхъ зиIэр тырку ахъшэрати, ар и мащIэтэкъым Ерстэм.

ауан [28] (тюрк.) балк., кумык., кирг. ойун – «насмешка», «забава», «издевка» - дыхьэшхэн, щIэнэкIалъэ. «Шхэкъуа къысхужыпIэнущи сыныбэкъкъым», - жиIэри и ныбащхьэм теIэбащ, абдежми гу лъитащ, мобы ауан къыщIащIар и ныбащхьэм хуэзанщIэу щIыIунищ ичати и цеибгъэр укъащ.

батыр [65] (тюрк.) И хьэщIэм хуоплъэкIри, иджы нэхъ ину нэхъ батыру и плъэкIи нэхъ ткIий хъуауэ къыфIощI, псалъэ иридзынкIи нэхъ фIолIыкI.

бэзэр [260] (перс.) базар /рынок/. ЦIыхур щызэхуэсу шхын, хьэпшып щащэ къыщащэху щIыпIэ. Бэзэрым ягъакIуэ хъуащ, хы Iуфэми бдзэжьеящэ яутIыпщ хъуащ, я фIэщ ищIащ ягъэIурыщIэфауэ.

бэлыхь [131] (араб.) balah /Несчастье, бедствие, беда/. Гуауэ, нэщхъеягъуэ. Къэбэрдеибзэм «замечательный», «исключительный» мыхьэнэр иIэу къокIуэ. Былыму гъусэ хуэфщIынури иужькIэ сэ иризгъэкъужынщ, и бэлыхь зэ дыхэкIыжмэ аращ.

бэракъ [45] (тюрк.) байрак – флаг, знамя. /Зыгуэрым и дамыгъэу къагъэсэбэпу пхъэ кIыхьым фIэщIа щэкI кIапэ/. Аращи, нобэ джэгу ухыхьэ къудекъым, атIэ абэзэхэхэм я напэ пхъумэни къыптохуэ… Хьэуэ, абэзэхэхэм я закъуэкъым, уэ лъхукъуэлIхэм ди бэракъ ухъуащ.

бей [91] (тюрк.) бай – богатый, богач, хозяин, барин. /Къулей, мылъкушхуэ зиIэ/. Къалмыкъ губгъуэм нихусащ, ауэ лъэужьыр абы къыщыувыIэкъым: гъэр ящIа щIалэхэр къыргъыз бей гуэрым иращауэ къыщIэкIащ.

бланэ [48] (тюрк.) башк. болан «олень», кумык. булон «лось», къэб. «лань». 1. щыхь лъэпкъ. 2. сильный /КъарууфIэ мыхьэнэр иIэуи къыдогъэсэбэп/. СыщыщакIуэкIи фоч зесхьэркъым: зэ бгъауэмэ бланэр зэбгырож.

бохъшэ [235] (тюрк.) тат. букча, сумка, сумочка, ног. бокша «кошелек», къэб. кошелек /Ахъшалъэ/. ЛIы ныбэф гуэр, фэ бохъшэ пщIэхэдзауэ щхьэщыуващи чы лантIэкIэ и лъэдакъэм щIоуэ, апщIондэху модрейр къыхокIиикI, мэгъуахъуэ.

былым [41] (тюрк.) карач.-балк, нэгъуей билим «знание, познание» (бил – понимать), къэб. скот «богатство» / Iэщ, мылъку. 2. «бестолковый» // «ахьмакъ» мыхьэнэр иIэуи къагъэсэбэп. Ерстэм псалъэм хэпщащи, абэзэхэхэм я хъыбар жыжьэу ирешажьэ, я хэку хаси, я жылагъуибл зэIущIи я къуажэхэм, хьэблэхэм я тхьэмади, я тхьэлъэIуи я псэукIи, я лэжьэкIи, я былыми, я щэкIуэкIи – куэдым ирегъэдаIуэ.

бухъран [37] (перс.) Ерстэм зыщиплъыхьым гу лъитащ, плIанэпэм дэт пхъэ гъуэлъыпIэ цIыкIум илъ уэншэкумрэ шхыIэнымрэ: уэншэкум щIэпым къыхэщIыкIа щэкI кусэ тебзащ, шхыIэн щIэбзэр бухъран щэкI къуэлэнщ.

гуэныхь [39] (перс.) gonah «грех». / Дин хабзэм емызэгъыу ялэжь Iуэху. – УэркъыцIэм хуэлIэм ящыщ а тхьэмадэр? – Хьэуэ, и гуэныхь сыту пщIын, уэркъхэм нэхъ яхущIэджэхэм ящыщ.

дакъикъэ [258] (араб.) daaiaa «минута». / Сыхьэтыр хыщI ищIыкIауэ абы щыщ зы Iыхьэ. Я ужь къыщина дакъикъэ гуэрым Ерстэм Суанд кIэлъыплъри игу щIэгъуащ.

данэ [234] персыбзэм къыхэкIыу «шелковая ткань». Дани шыли, шухьэи чэсейфэхуи сыт нэхъ узыхуейр?

дамыгъэ [110] (тюрк.) «тавро, «клеймо», «метка», «знак». Я мест плъыжьми, я пыIэ кIыхьми нэхърэ, а дамыгъэм нэхъ къахегъэщ.

домбей [17] Кавказыбзэхэм я задай псалъэщ. груз. domba,сван. dombai – зубр, къэб. «ин», «абрагъуэ» мыхьэнэрииIэу къокIуэ. Я щхьэкIэ зэхэкIэжауэ, жыг домбейхэр гъуэгум и бгъуитIымкIи щиувыкIащ, мэз щIагъыр кIыфIщ мазэхэ жэщым хуэдэу.

дуней [38] араб. dunya «мир», «вселенная» // Уафэмрэ щIымрэ я зэхуакум щыIэ псори. –Уэркъ пэшэгъум, уэркъ джэгуэгъум зызэришыIэным сыпылъщ, уапэувыфыну куъащIэмэ дунейм утрагъэтынукъым.

джаур [270] Хьэрыпым къыхэкIыу тыркубзэм къищтащ. тюрк. къых. адыг. къых. «гяур» «не мусульманин», «неверующий», «нерелигиозный». къэб. и динкIэ муслъымэн е муслъымэн диным епцIыжа. – я нэхъ сызыщыщтэ закъуэр – псы архъуанэр къысхуэбгъуэтащ джаурым, - мэгушыIэ Ерстэм.

жэуап [51] араб. jawab «ответ». // УпщIэм къыпадзыж. Хьэмэрэ лъагъуныгъэ гугъапIэншэр къытепсыхауэ ара? Ерстэм жэуап зримытыфыр езы пщащэм мыгувэу къыгурыIуэжащ.

жин [95] араб. jinn – джин «демон», «дух». / Мифыр диныр зи лъабжьэ гупсысэкIэм къызэритIасэмкIэ дунейм тету, гъащIэм хэту пкъы зимыIэ гуэр. Шур и щIыкIэ зекIуэкIэкIи и фащэкIи, и теплъэкIи шу къызэрыгуэкIкъым, жин Iуэху хэлъын хуейщ жаIэ.

зэман [75] араб. zaman «время», «период». Дунейм къыщыхъу щекIуэкI псори я щыIэныгъэм и кIыхьагъыу къалъытэр. Жэщыр хэкIуэтауэ, цIыхухэри гъуэлъыжауэ, жылэри зэгъэжауэ жыхуэпIэным зэманыр нэсауэ фызыр пщэфIапIэм кIуащ.

зэран [42] араб. darar «вред», «убыток», «ущерб». ЛIакъуэлIэш зекIуэлIхэм язэранышхуэ къыдэкIащ адыгэхэм: адыгэ шум дзыхь къытхуащIыркъым, дыгъужьым зэрыхуэсакъым хуэдэщ.

къайгъэ [39] тюрк. кайгы «горе», «печаль», «тоска», «забота», къэб. «скандал», «скандальный». / Хьэргъэшыргъэ. ЯфIэмыфIу кърахьэлIащ гуащэнысэр. Къайгъэ къикIыжауэ плъагъункIи хъунщ.

къалэ [42] араб. kala «крепость», «укрепление». къэб. «город». / КъулыкъущIапIэ, промышленность сыт хуэдэхэр здэщыIэ цIыху куэд здэщыпсэу щIыпIэ. Азакъ дэс урыс шырыкъущIэ гуэр нэIуасэ схуэхъуати абы моуэ къызжиIащ: илъэс тIощI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, а пащтыхьыр тыркум езауэри Азакъ къалэ къатрихащ.

къамышы [137] (тюрк.) къэр.-балъкъ. къамчи, ног. плеть. / Къу иIэу и псыр кIэщIу шум шыр зэригъакIуэ щIопщ. Щыблэ мафIэр зэ къамышы псыгъуэщ, зэ блэшхуэ IуэнтIащ, зэми аркъэн зэблэдза зыкъещI, зэми жыг къудамэшхуэщи, чыпэ бжыгъэшхуэу зэбгырож – бгыщхьэм зыкъыхасэ, джабэрыуи зыкъыхуащI…

къару [63] (тюрк.) къэрэш.- балъкъ. къарыу «сила», «мощь», къыргъ. къаруу «верхняя часть руки, плечо», къэб. «сила». // Лъэщагъ, бланагъэ. Сыт къару абы и Iэпщэм хэлъыр? – къыхэкIиикIащ цIыхухэр, ар щалъагъум.

къатыр [235] тюрк. каты «твердый», «крепкий», «жесткий», къэб. сапог // Лъапщэ зиIэ зиIэ вакъэ. КъатритI къащэхуати, кIапсэкIэ зэкIэрищIауэ кърата къудейуэ, кIий макъ зэхихащ.

къэдабэ [5] (хьэрып) балхат // ЩэкI Iув, цы щабэ тету. Къэдабэ фIыцIэмрэ алътес плъыжьымрэ зэрызэрагъакIуэ щэкI къуэлэнымрэ фэ зэщыщхъумрэ зэрызэпалъхьи – бзылъхугъэ фащэм дыщэри дыжьынри зэрыхади абыи хуэIэкIуэлъакIуи.

къалэн [81] (тюрк.) азарб. калай «дань», «оброк», къэб. «обязанность», «обязательство» // Пщымрэ уэркъымрэ яхуимыщIэу мыхъуну къытехуэр яхуищIэнущ, хабзэкIэ яхуищIэн хуейуэ къытехуэ къалэнри яхуигъэзэщIэнщ, абы къимыдэкIэ, я Iуэху яхэлъкъым – апхуэдэ гъуэгуращ нэхъ фIэзахуэу Даур къыхихар.

къубгъан [79] (тюрк.) тат. комган, къэр.-б. къумгъан. Батым и хьэщIэм зригъэтхьэщIащ. Тасрэ къубгъанрэ къыхуищтэри зригъэтхьэщIащ.

лэджэн [69] (перс.) лаган «медный таз», кумык. леген «таз», къэб. сосуд, таз. / тас. Гъуаплъэ къубгъан зэрыт лэджэни бжэ къуагъым къуэтщ.

мамыр [108] (араб.) mamur «обитаемый», «населенный», «многолюдный», къэб. «мирный», «спокойный». / Зауэншэ (мамырыгъэ). Япэу зыIущIам и нэгу ирилъэгъуа мамырыгъэр щIалэм дилъагъужакъым – зэрыгузавэр нэрылъагъут.

махъшэ [134] (тюрк.) кирг. мокочо «бука», «чудище», къэб. верблюд / Пшахъуалъэ щIыпIэхэм щызэрахуэ, зи тхым сыджышхуэ тет псэущхьэ.

мылъку [40] (араб.) mulk «владение», къэб. «имущество», «состояние». / Зыгуэрым бгъэдэлъ беягъэ, къулеягъэ. МылъкукIи, лъэкIыныгъэкIи, адрейхэм зыщхьащэIэтыкIмэ, яфIэигъуэу, уэркъ хуитыгъуэм щIэдэууэ.

чырэ [134] (араб.) kira «сдача в наем, аренду», къэб. перевозка грузов по найму – извоз. Махъшэ чырэшхуэм я сыдж папцIэ щIыкIэу зэхэувауэ къыщохъубгыщхьэ хужьхэр.

муслъымэн [35] (хьэрып – перс.) хьэрып. muslim «мусульманин» + перс. ку.б. къэз. суфф. –аn, къэб. «мусульманин», «мусульманство» / Ислъам. дин [35] (иран.) Религия. Кърым хъаным и унафэкIэ муслъымэн диным фрагъыхьауэ жаIэкъэ? – Драгъыхьауэ жаIэр пэжщ, дипщхэр абыкIэ залымщ.

залым [35] (араб.) zаlim «несправедливый», «тираничный», «угнетатель», къэб. «деспотичный».

мэжджыт [36] (араб.) masjid «мечеть». / Муслъымэныр тхьэ щелъэIу, нэмэз щащI щIыпIэ, унэ. Азэн джапIэм щхьэщыт мазэ ныкъуэм Ерстэм и гу къегъэкIыж Кърымым щилъэгъуа мэжджытхэр.

молэ [67] (араб.) maula «господин», «владыка», «покровитель», къэб. мулла / Муслъымэн диным и лэжьакIуэ. Кърымым кърагъэкIри зы бзэмыIу къытхуагъэкIуащи молэщ жаIэ, и щхьэм хъыдан хужь къешэкIауэ.

мурад [18] (араб.) murad «намерение», «замысел», «цель». / Хьисэп. Фэ тIум фигу илъа бзаджагъэмрэ, мо щылъым лъэкIамэ къызищIэн и мурадамрэ япэкIуэу нэхъыбэкIэ фызгъэпшынэну къыфтохуэ.

муртасиб [235] (араб.) Абы и къэлэныр сатуущIхэм я тэрэзэхэм кIэлъыплъынырщ. – дэгъуэу яубыдащ, - хигъэгъуэзащ Ерстэм – фэ бохъшэ зыпщIэхэлъыр муртасибыращ.

мин [153] (тюрк.) къыргъ. мин, карач.-балк. минг «тысяча». Ди деж уныщыкIуам сызэропсалъэ лъандэрэ си гухэлъщ Кърым пиастрэ минитI хуэдиз сугъуеягъэхэщ.

насып [35] (хьэрып) nasib «доля», «участь», «счастье», «судьба . / Арэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къуит щытыкIэ. – Абэзэхэм фи насыпщ, пщырэ уэркърэ фиIэкъыми.

нахътэ [100] (тюрк.) тат. нукта, бэлъкъ. нохта «недоуздок» / И къамэ-бгырыпхри, и хьэзыр Iупэхэри аращ – дыщэ маскIэр къапоткIу, и нахътэм телъ дыжьыным дыгъэ бзийр щоджэгу.

нэмэз [65] (перс.) namaz «молитва». / Муслъымэнхэм ягъэзащIэ тхьэхуэщIэ къэлэн. Аращ азэн джэри нэмэз езыгъэщIри.

нэщанэ [44] (перс.) neshane «признак», «знак», «цель», «мишень». Джэгур махуибл джэгущи, нобэ еблэнэрей махуэщ, иужьырей джэгущ. джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ щыIэнущ: шурылъэс жыпIэми, нэщанэ жыпIэми, къинэмыщIми.

нысэ [39] шэш., ингу., бацб. нус «невестка», груз. nusiadia «жена дяди», къэб. сноха «невестка». / НысащIэ.

сабын [235] (араб.) sabun «мыло» / Щэ дагъэ лIэужьыгъуэ гуэрхэмрэ, щелочымрэ къыхах пкъыгъуэ. (ирожьыщIэ, иротхьэщIэ). Мыр гъуэгум къыщытхуэщхьэпэжынщ, - жери Ерстэм сабын жьыщIыгъуищ къищэхуащ, Смирнэ къраш сабын IэфIым щыщу.

сабыр [67] (хьэрып) sabir «терпеливый», «выносливый», «стойкий» къэб. «смирный», «тихий». Былым къыдыхьэжыгъуэ, жэм шыгъуэ зэрыхъурэ щхьэщыкIуэтыжри, жылэр сабырыжащ.

сату [42] (тюрк.) тат. сату, къыргъ. сатуу «продажа», къэб. торговля / Хьэпшып щэныгъэ. ХъунщIэн муради уимыIэу, сатуми узэрыпылъышхуэ щымыIэу, апхуэдизрэ зи ужь уитыр сыт, аращ къызгурымыIуэр.

сатуущI [235] (тюрк.) «работник торговли» / Хьэпшып зыщэ. Къалэм дэс гъэр сатуущIхэм я деж дыкIуэнщи деплъынщ.

сэкъат [134] (хьэрып) sakat «негодный», «отбросы» къэб. « изъян», «дефект», «недостаток» / ЩыщIэныгъэ, лажьэ. ЩхьэкIуэ зиIа пщащэщи, яхуэмыгъэдэIуамэ, хэт ищIэрэ, удын гъущэкIэ сэкъат игъуэтауэ урихьэлIэжынкIи мэхъу.

сэлам [19] (хьэрып) Приветствие. / ЩызэхуэзэкIэ зым адрейм зэрызэхуигъазэ. Я шыщхьэ щызэуалIэм, Ерстэм, и Iэр ишийри, щIалэжьым сэлам ирихащ.

сулътIан [234] Султан / Языныкъуэ муслъымэн къэралхэм пащтыхьым зэреджэ цIэ. СулътIанымрэ тырку къулеижьхэмрэ гъэр пщащэ яхуригъэшэныр и хьэкъщ хъаным.

сурэт [169] (хьэрып) surat «форма», «очертание», «вид», «изображение», къэб. «фотография», «снимок». Абы хуэдэ зэрыщыIэр и гурыфIыгъуэ закъуэу, игъащIэкIэ игу имыхужын сурэту и нэгу щIэтынщ.

таучэл [34] (тюрк.) къумыкъу tabakkal «решимость», «смелость» / Тегушхуэныгъэ. УеплъынкIэ хъуэпсэгъуэщ, - жиIащ Ерстэм, и гъуэгу дэхын-дэмыхынкIэ таучэл имыIэу.

тэрэзэ [235] (перс.) tarazu «весы» / Яшэч пкъыгъуэхэм я хьэлъагъыр къызэрахутэ Iэмэпсымэ.

тезыр [58] (хьэрып) «наказание», «штраф» / Къуэншагъэ зыбгъэдэлъу ялъытам тращIыхь унафэ, етхьэкъуныгъэ. – Ди хьэблэ и напэ тепхынщи, тезыр птетлъхьэнщ. Укъимыгъэгугъэмэ, къыхэкIыжи нэхъыфIщ.

темыркъэзакъ [228] (адыг.) «Полярная звезда», (тюрк.) «железный кол». Темыркъэзакъыр ди ижьырабгъуу, ныжэбэ дыкIуэнщ.

уэсят [10] (хьэрып) wasiuat «завещание», «завет». ЛIэн щыхъум, я анэм уэсят къахуищIыжащ: нэхъыщIэм зекIуэныр, лIыгъэщIапIэр и нэрыгъщ, ар хуит щIы, унагъуэ-лэжьыгъэ Iуэхум нэхъыжьитIыр пылъмэ ирикъунщ.

фейдэ [75] (хьэрып) faida «польза», «выгода», «доход». / ТекIуадэм ищIыIукIэ зыгуэрым къыпыкI хъер. И фейдэ хэмылъу зригъэгъусащ, шу гъусэ пщафIэу къыздришэкIащ.

хъарзынэ [105] (хьэрып) kazina «казна», «сокровище, «клад», къэб. хороший, замечательный. ЩIалэ хей-хъарзынэр кIуэдынущ, жери, игу гумэщIыгъэ къредзэ Ерстэм.

хъыбар [54] (хьэрып) kabir «новость, известие, сообщение, слух, молва, предание». / Гуащэ къызэришам, абыкIэ зэрыщыуам и хъыбар зэхихауэ игу къебгъауэ арауэ пIэрэ?

хъуржын [181] (хьэрып) kurj «переметанная сума», къэб. «котомка». Ерстэм, и фащэ Iэмэпсымэхэр фэ хъуржын цIыкIум ирилъхьэжри къэтэджащ.

хьэжы [47] (хьэрып) haji «поломник», хаджи «поломник в Мекку» / Меккэ кIуэуэ къэкIуэжа цIыху. Ар хьэрып лъэныкъуэмкIэ къумым къыщепщэ жьы лъэщ гуэрым и цIэщ, хьэжыхэм жаIэу зэхэсхащ.

хьэлэл [42] (хьэрып) halal «дозволенный», «допустимый», «законный», къэб. дозволенное религиозной моралью, законом. / 1. Муслъымэн диным Iэмыр ищI; 2. «добрый», «добросердечный! / НэгъуэщIым фIы хуэзыщIэ цIыху, гу щабэ. Армырамэ, бысым пхуэхъун цIыху хьэлэл е благъэу, е нэIуасэу уиIэн хуейщ.

хьэкъ [168] (хьэрып) hack «правда», «истина», «правота» / Пэж, тэмэм. Арами, Шу закъуэр пщащэм и лъыщIэж къежьэнри зыхуэлIа щыIэкъым – и къэшэнми и Iыхьлыми, и цIыхугъэ хьэкъкIэ къытохуэ.

хьэл [129] (хьэрып) hal «состояние», «положение», къэб. «характер», «нрав». / Щэн. Пэжщ, пщащэу япэ щыIущIами, щхьэгъусэ хуэхъуа нэужьи, дилъэгъуат гуащэ щхьэзыфIэфIыгъэ гуэрхэри, ауэ лIым апхуэдэкIэ зэрыхэмызэгъэнур къыгурыIуэрти, и хьэлыр щIиуфэн хуей хъужырт.

хьэлэбэлыкъ [39] (хьэрып) galaba «пустой разговор», «болтовня», къэб. «суматоха», «неразбериха» / Зэрызехьэ, зэрыхьзэрий. Ауэ джэгу зыхуащIыр гуащэнысэщ, уэркъ пщащэм лъагъэсмэ, уэркъхэр къэдауэу къэувынри хэлъщ. Зэрыхъунур пщIэнукъым, хьэлэбэлыкъ къикIынкIэ мэхъу.

хьэлэмэт [33] (хьэрып) alamat «знак, признак», «символ», къэб. «интересный», «чудесный», «удивительный». / ГъэщIэгъуэн. Аращ Ерстэм кIэмыргуейм нэхъ хьэлэмэт дыдэу ирилъэгъуар. Я псалъэрэ я зекIуэкIэрэ зыхуэсакъ щыIэкъым кIэмыргуейхэр.

хьэпшып [272] (тюрк.) «вещь, предмет». / ЦIыхум къигъэсэбэп, зэрихьэлIэ предмет зэмылIэужьыгъуэ. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа хьэпшып цIыкIуфэкIум адэмыдэкIэ щедзащ.

хьэтыр [267] (хьэрып) katir «желание», «склонность», «расположение к кому-л.», къэб. «услуга», «одолжение». / Iуэхутхьэбзэ. КIуэ, сощIэ лажьэ узэримыIэри, ар къыжепIэн узэрыхуимытари, ауэ ди зэхуаку илъ ныбжьэгъугъэм и хьэтыркIэ сыхэбгъэгъуэзэн хуеящ.

хьэуа [92] (хьэрып) hawa «воздух» / Жьы. Къуажэм щыдэсым еплъынкIи игу къызыхуэмыкI уафэ къащхъуи, мэз щхъуантIи, и щыпэлъагъу хуэдэу фIэдахэу, фIэгъэщIэгъуэну зеплъыхь, хьэуа къабзэри зыщимыгъэнщIыжу и бгъэм щызу мэхъу.

хьэулей [35] (тюрк.) «бездельник» / Iуэхуншэу къэзыкIухь, сэбэп гуэри зимыIэ. Хэт щыщми хьэулейщ, къыппэувынкIэ зэфIэнэнкъым.

хьилэшы [148] (хьэрып) «хитрый», «изворотливый», «находчивый» / Бзаджэ, фIэкIыпIэ зи куэд IэмалкIэ Iэзэ (зэрыхьилашы). Сэри куэд щIауэ сощIэ ар зэрыхьилэшыр, дытIыс дытэджу куэдрэ дызэдэуащ.

хьисэп [34] (хьэрып) hisab «арифметика», «вычисление», къэб. «намерение», «цель», адыг. «исчисление». / Мурад. Пщы уэркъхэм лъхукъуэлIхэр дахэкIэ ягъапцIэу зыхуагъэIурыщIэн я хьисэпщ.

чэзу [51] (тюрк.) тэт. kuzу «дежурство», «очередной дежурный», къэб. «очередь», «череда». / Зыгуэр щхьэкIэ щытхэм ущиIэ увыпIэ. Чэзур Суанд деж щынэсым, джэгуакIуэр пщащэм бгъэдыхьыщ.

чэнджэщ [75] (тюрк.) бэлъкъ. кенгем «совет», адыг. «сомнение». Ар дэнэ къэна пщащэм къыщытхъуу, хуэдэ жылэм дэмысу къыжриIэу, апхуэдэ пщащэ блэбгъэкI мыхъуну и чэнджэщ кърихьэлIащ.

чэтэн [75] (хьэрып) kattan «лен», «полотно». / Заулрэ къэтауэ къыщигъэзэжам къызрихьэлIэжар узижэгъуэн6 лIым пщы щIалэр фIигъэжауэ чэтэн пIэтепхъуэм кIуэцIегъэджэразэ.

шэмэдж [234] (осет.) yэbэez «коса». / Мэкъу хьэцэпэцэхэкI ирипаупщIу пхъэкI кIыхь зыфIэлъ мэкъумэш Iэмэпсымэ. Илъагъур зэригъэщIэгъуэн ищIэркъым Батым. ГъэщIэгъуэн дыдэ къыщыхъуар нэмыцэм къраша шэмэджхэрщ.

шэтыр [145] (перс.) чaтыр «зонт», къэб. шатер. / Чэтэн, фэ е бгъэн зытелъ пщыIэ лIэужьыгъуэ. Къандзэгу тыкъыр хуэдэхэщ, упщIэ шэтырхэр икъухьауэ.

шей [157] (кит.) «чай». / Шейудз, шейудзым къыщIэгъэвыкIа псы. КъэзгъэкIэрэхъуэжри, пхъэ гъур гулъэ мэзым къыщIэсшащ, шей ефэгъуэ дахэм деж къуажэм сыкъыдыхьэжащ – щIалэжь Жану, мэзым жьыуэ сыкIуэри сыкъэкIуэжауэ зыкъезгъэлъэгъуащ жылэм.

шейтIан [98] (хьэрып) saitan «черт, сатана», «дьявол», «шайтан». / Муслъымэн диным цIыхум лъэмыкI куэд лъэкIыу щIэпхъэджагъэ щIэным тепсыхьа гуэр. Дыщэ кIадэ щIэлъу, дыщэ кIадэм шейтIан тет хуэхъуауэ ялъытэрт.

шэч [179] (хьэрып) sakk «сомнение», «неуверенность», «подозрение». / Дзыхьи пхузощI, зекIуэ гъусэ зыпхуэсщIынуи куэд щIауэ сыщIохъуэпс. Ауэ зи мылъку ядыгъуарэ, зи щэху яIуэтарэ дзыхьмыщI мэхъу жаIэ, си бийм си щэху зыгуэркIэ къащIэрэ лей къызахмэ шэч зыхуэсщIым ящыщ ухъуну сыхуейкъым.

шухьэ [51] (тюрк.) нэгъуей шуга «сукно». / Тыркум къраша шухьэ плъыжьыр и цейщ, къэжэр хъурыфэр и пыIэщ.

щэн [129] (хьэрып) say «натура», «характер», «свойство». / Хьэл. Ауэ а псом гуащэ щэн мэхъаджэу къуэлъым гу лъитакъым, сабий щыкIам и фэ ириплъыри, губгъэн щыхъуртэкъым, уеблэмэ, нэхъ благъэ къыхуэхъу хуэдэу къыфIэщIырт.

шылэ [89] (перс.) челе «сорокодневные периоды наибольшей зимней стужи и летней жары. / Махуэ плIыщIкIэ екIуэкI гъэмахуэм и нэхъ хуабэ дыдэ е щIымахуэм и нэхъ щIыIэгъуэ дыдэ. челе – сорок. ЛIыщIэм IущIэнкIэ гугъакъым – шылэ мазэр икIа къудейуэ арат, мыщэ къэтэджыгъуэ хъуатэкъым.

^ Iэдэб [19] (хьэрып) adab «культура», «изысканность», «хорошие манеры», «воспитанность», къэб. «смирный», «кроткий». / И лIыгъэрэ и гуащIэрэ аргуэру зэ игъэунэхун хуей зэрыхъуар игу илъу Ерстэм Iэдэбу ихъу-илъ хэмылъу зыхуэсакъыжу, шум бгъэдокIуатэ.

^ Iэмал [25] (араб.) amal «действие», «поступок», «активность», къэб. «способ», «метод», «прием». / ХэкIыпIэ, бгъэдыхьэпIэ. Аращ пщIэнур, адэкIи-мыдэкIи уемыплъэкIыу, уи адэ деж екIуалIэ, Iэмал зэриIэкIэ, мы гъуэгужьым утемыту гъуэгу зэгъуэкIкIэ кIуэж.

^ Iисраф [215] (хьэрып) israf «неумеренность», «невоздержанность», къэб. «сильно испорченный» / Мэхъуш къуажэм, Зеикъуэ иджыблагъэ къытеуа нэгъуейхэр Тэн адрыщI нэгъуейхэм ящыщщ, джэм булакъ лъэпкъщ, бзэджагъэкIэ къэкIуати Iисраф хэхъухьащ, я хэку яхьыжар хьэдэрэ хьэдагъэрэщ.

^ Iыхьлы [106] (хьэрып) ahl «родственник». / Ауэ Iыхьлыи лыджани щымыгугъыжыну, сыт абы къехъулIэнкIэ хъуагъэнур? Зыщыгугъын Iыхьлы къыхуэмынэжами, хуей хъумэ, къыкъуэувэн бэуэ игъуэтыни.


Синонимхэр


Адыгэбзэм и псалъэхэм мымащIэу хэтщ псалъэ куэд я мыхьэнэкIэ зэтехуэу, я къэпсэлъыкIэкIэ зэщхьэщыкIыу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, синонимхэр. Синоним зэхуэхъуфынущ сыт хуэдэ морфемэри, лъабжьэри, префиксхэри, суффиксхэри. Антонимхэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIам хуэдэ дыдэу, синонимхэм елэжьащ Н.Ф. Яковлевыр, Шагъыр I. НэгъуэщIыбзэхэми хуэдэу, синонимхэр адыгэбзэм мымащIэу адыгэбзэм хэтщ. Синоним зэхуэхъу псалъэхэр зы псалъэ лъэпкъыгъуэу щытын хуейщ. Ахэр нэхъ мащIэ дыдэу тIу мэхъу, ауэ нэхъыбэ хъууэ къыщыкIуи щыIэщ. Псалъэм папщIэ, хьэрыпыбзэр къатщтэмэ меч «къамэ» псалъэм синониму 400 нэс къыхуокIуэ. Адыгэбзэм синоним щызэхуэхъу псалъэм я нэхъыбапIэр езы бзэм къигъэщIыжащ, ейщ, ауэ мымыщIэу хэтщ нэгъуэщIыбзэм къыхэкIахэри. Зы псалъэр езы бзэм ейуэ, адрейр нэгъуэщIыбзэм къыхэкIауэ, е тIури нэгъуэщIыбзэм къыхэкIауэ щытынкIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, молэ, ефэнды.

Синоним зэхуэхъу псалъэхэр щытынкIэ хъунущ зы псалъэр нэхъ пасэрейуэ, адрейр бзэм и активнэ лексикэм щыщу, е псалъэщIэу. Псалъэм папщIэ, дыгъэгъазэ («подсолнух») псалъэр бзэм къигъэсэбэпу щытащ, ф1ыуэ нэхъ иужьыIуэкIэ хьэрыпыбзэм къыхэкIа «сэхуран» жыхуиIэр бзэм къыхыхьащ «подсолнух» мыхьэнэ дыдэр иIэу. Мы псалъитIым синоним яхуэхъуу щытщ урысыбзэм къыхэкIа «семышкIэ» псалъэр.

Адыгеибзэр къатщтэмэ, а бзэр къыщагъэсэбэпу щытщ «тыгъэгъызэ» псалъэр. Урысыбзэм, хьэрыпыбзэм, тыркубзэм къыхэкIа псалъэ куэд адыгэбзэм къызэрищтам къыхэкIыу синонимхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ. Синоним гупхэм хыхьэ псалъэхэр щытынкIи хъунущ я закъуэу: дакъикъэминут, е зи закъуэу къакIуэ псалъэхэм фразеологизм (псалъэ зэхэжыхьа) синоним хуэхъуу: укIытэнплъыжь хъун.

Апажэ Мухьэмэд къызэрилъытэмкIэ, синонимхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуныр къыхэкIащ табухэр бзэм зэрыхэтым. Апхуэдэ псалъэхэр зэрыщыIэм къешэ абыхэм мыхьэнэкIэ япэгъунэгъу псалъэхэр къэсэбэпын зэрыхуейр. Псалъэм папщIэ, цIыхубзым и щхьэгъусэм и цIэр жиIэну къезэгъыртэкъым, цIыхум яхэту «силI» жиIэнуи емыкIут. Апхуэдэу, уз зэрыцIалэхэм я фIэщыгъэцIэхэри жиIэртэкъым.

Художественнэ текстым щагъэзащIэ къалэнкIэ убгъэдыхьэмэ, синонимхэ къызэрагъэсэбэп бжыгъэ елъытакIэ зэщхьэщагъэкI (зауэл - воин) стилистическэ синонимхэр: тхьэмпэпщIащэ, хъыджэбзпщащэ.

Апхуэдэу, синонимхэм тхыгъэм и бзэр дахэ ящI, тхакIуэм и Iэзагъыр къегъэлъагъуэ. Лъэныкъуэ псомкIи зэтехуэ синонимхэр бзэм куэд дыдэу къыщыкIуэкъым.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, синонимхэр куэду зэщхьэщокI. КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым къыщыкIуэ синонимхэр зэхэхауэ и лъабжьэкIэ къыщытхьащ.