Х. М. Бербекова таов Х. Т., Езаова м. Ю., Хежева м. Р. Лингвистический анализ художественного текста ( на материалах романа т. Керашева «одинокий всадник») Учебно-методические рекомендации

Вид материалаМетодические рекомендации

Содержание


Взгляд застыл
Iэр зэтедзауэ щысын [157]
Iуэху джэгукъым [81]
Лэжьыгъэм ехьэлIахэр
Блэ зэуар аркъэным щощтэ [17] //
Гугъэрэ щэхурэ зимыIэ щыIэкъым [162] //
Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуач [214] //
Дунейр хьэхущ [206] //
Е улIэн, е улIын [16] //
Жьы хъур жейнэдщ [70] //
Зи щэху къыпщызыбзыщIым уемыупщI [178] //
Зи мылъку ядыгъуарэ зи щэху яIуэтарэ дзыхьмыщI мэхъу [179] //
ЗэмыщхьитI зэрихьэлIэкъым [168] //
Иныр зэрыплъэр цIыкIум я пщIыхьщ [9] //
Къыпхуеблагъэ тхьэмыщкIагъэр псэм зэхещIэ [157] //
Къэрабгъэм Iэджи къыфIэщIынущ [97] //
ЛIыгъэмрэ акъылымрэ цIыхур егъэдахэ [44] //
Мэз бжэным езыгъапщэу мыщэ къэзыукIа [60] //
Мазэрэ мазэхэрэ уи щэху щыжомыIэ [43] //
ПащIэр мэгувэ [250] //
...
Полное содержание
Подобный материал:
1   2   3   4   5   6

батэр гъэшын [41] Ди уэркъхэм зекIуэ къикIыжамэ батэр ягъэшауэ, Iэджэ ялъэгъуауэ къытхуаIуатэ. /Совершать подвиги, рвать и метать/.

бэлыхь хэдзэн [52] Абыхэм бзаджагъэу къызапэсынкIэ хъунур хэт ищIэн? Бэлыхь хадзэмэ, пщащэм укъуэувэжкIи сытым и пэрмэн? /Ввергнуть кого-либо в трудности, заставить кого-либо мучаться/.

бзэгум къэсын [64] Ерстэм и нэр и шыщхьэ тенауэ, гупсысэм зэрыхэтыр щилъагъукIэ и бзэгупэм къэсар ирекъухыж.

[и] бзэр пичыжри [266] Я закъуэу къыщызэхуэнэм Ерстэм, и бзэр пичыжри, тIысыжащ, Батым нэкIэ еупщIу. /Умолкнуть, прикусить язык/.

бзэр иубыдын [239] Батым и псалъэр зэхихакъым Ерстэм: и бзэр иубыдауэ и фэр икIауэ, бзылъхугъэхэм яхэплъэрт ар. /Отняться языку, лишиться дара речи/.

игу изу –гум изын [53] Ерстэм игу изу, и нэгу зэлъыIухауэ, джэгум зэрыхэтыр кIэмыргуейхэм ягу зэрырихьар нэрылъагъущ. /С полной грудью, сердцем/.

гур хьэхун [134] Абы и бзылъхугъащхьэ имызакъуэу, и цIыхущхьи фIэгуакIуэу и гур ихьэхуащ. /букв. Одолжить сердце, понравиться кому-либо/.

гум хэпщIэн [54] Гъунэгъу дыдэу зэбгъэдыхьауэ Суанд, и напIэр зэзакъуэ иIэтри хьэщIэм Iуплъащ. А нэплъэгъуэ закъуэу пщащэм къритар Ерстэм и гум хэпщIащ. /Запасть в душу, в сердце/.

гур ихын (гур ирихыу) [99] Iуащхьэр къыщатIа жэщыр мэзэгъуэ жэщт, щхьэ къупщхьэ нэщIащэ нэщIыр, гур ирихыу къыжьэхэплъащ. /Испугать кого-либо; букв. вынуть сердце/.

гу лъытэн [272] Къызэрихьэххэуи гу лъитащ: ар цIыхухъу унэкъым, пщащэ унэщ. Арами, зэрыгъэщIэрэщIэшхуаи щыIэкъым, итIани и псэр щотIыс, къабзэлъабзэ дыдэу зэлъыIухащ. /Заметить кого-либо, обратить внимание на кого-что-либо/.

гум нэскъым [49] Дахэ дыди яхэтщ, итIани абы я дахагъэрэ я щIэрэщIагъэрэ Ерстэм и гум нэсыркъым. /Ничто не нравиться, все не по сердцу/.

гу бампIэ [79] Абы гу лъетэри игукIэ жеIэ: «Пщащэм гукъеуэ зэриIэр пэжщ, ауэ абы гукъеуэ къезытыр гуемыIу щхьэкIуэкъым. КъызыхэкIа лъхукъуэлI лъэпкъым и гу бампIэрщ абы гукъеуэ къезытыр. /Душевная боль, тоска/.

гу махэ къэхъун [273] Суанди зихъунщIакъым, икIи зыкъыIэщIичыжакъым, и зыы нэплъэгъуэ дрихьейри, и щхьэр Ерстэм и бжэм иригъэщIащ гу махэ къэхъуауэ. /Смалодушничать/.

гур щIыIэ хъун [56] Суанд щахимылъагъуэм, Ерстэм и гур щIыIэ хуэхъужащ зыхыхьа джэгум. /Стать равнодушным к кому-либо/.

[и] гум жьы игъуэтыжащ [270] Уанэм зытриубгъуауэ сакъыпэу, псыр зыщIэлъадэ бгъуэнщIагъым щIэкIащ Ерстэм. Нэпкъым дэкIри, и гум жьы игъуэтыжащ. /Вздохнуть свободно, воспрянуть духом; отлегло от сердца/.

гур хузэIухын [40] Уэркъхэм я пащхьэм щиткIэзэрызэхуэсакъыж хабзэри хуэм-хуэмурэ ящыгъупщэжащ, я гур хьэщIэм хузэIуахащ. /Открыть душу, сердце/.

гум ежэлIэн [154] ГъэщIэгъуэни, ар зыхомыхамэ! Хъыбарыр аращ: Суанд щыIэжкъым. –Cыт жыпIэр?! – Ерстэм и нэр триубыдащ Батым, мо псалъэр игу ежэлIауэ. /Принять близко к сердцу; букв. подбежать к сердцу/.

гур къыхуэплъын [9] Ерстэми, и цIыкIугъуэм щыублауэ, и гур пщымрэ уэркъымрэ яхуэплъу къэтэджащ. /Злиться на кого-либо/.

[и] гурэ и щхьэрэ зэбгъэжын [64] И губжьи теужа хуэдэщ, ауэ игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ къыщохъу. /Быть не довольным собой/.

[и] гурэ и щхьэрэ зэтелъын [59] И хьэщIэм и цIэ триIуауэ жылэм щахигъаIуэм, Ерстэм къыгурыIуам батым и гурэ и щхьэрэ зэрызэтелъыр. /Быть уверенным в своих силах/.

игу егъэбыдэ [133] ИтIани псэущхьэ чэтхъэным хуэпабгъэ дыгъужьым уигу щIыгъу хъурэ1 игъэпщылIынрэ игъэунэIутынрэ зэримыгъуэтым щхьэкIэ зызышхыхьыж цIыхум уигу щIыгъу хъурэ! Хьэуэ, абы уигу щIыгъу хъунукъым. Ар жери, Ерстэм игу егъэбыдэ. /Обидеться на кого-либо, попасть в немилость/.

игу къызэрыгъуэтыжын [22] ИтIанэ, игу къызэрыгъуэтыжри, щIалэ цIыкIур шыплIэм къыдидзащ, къеIунщIри, езыр и сэшхуэм епхъуащ. /букв. найтись сердцу; опомниться от страха, воспрянуть духом/.

гугъэ хэхыжын [240] И гугъэ гъащIэм хихыжауэ, гумэщIри гузавэри IэщIыб ищIауэ и уахътыр къыщысыным пэплъэу ара? /Потерять всякую надежду на что-либо/.

гугъэр хэхыжын [106] Тамбыр Iуащхьэ зэрыт гъэхъумэм триубыдащ – алащэм абы зыщригъэпсэхунщ, езыми Шу закъуэм зыхуиплъыхьынщ. Абы IущIэным и гугъэ хихыжакъым. /Потерять всякую надежду/.

гущIэр пикъузыкIащ [77] Жьыр пиубыдыным нэсауэ, Ерстэм и гущIэр пикъузыкIащ. Пщащэр нэщхъейуэ къыщихьэм, жриIэнури ирипэсынури имыщIэу хуэтэджащ. /Сердце сжимается/.

[и] гущIэ лъапсэм итIысхьащ [78] Иджыпстуи аращ: Суанд и пшынэ макъыр Ерстэм и гущIэ лъапсэм итIысхьащ. /Осесть в глубине (тайнике) сердца/.

[я]гу зэбгъэдыхьэкъым [81] Гуащэнысэм лъхукъуэлI унагъуэр тешэрыпIэу хухахыныр пщышхуэ акъылрэ пщышхуэ унафэкIэ хъуа Iуэхути, абы и фIыгъэкIэ лъэныкъитIри губгъэн гуэр къыхэмыхъукIыу зызэрагъэкIумэ яфIэигъуэу зэхуэсакъыжу зыр зым щыщтэу зэхущIэплъу щытщ. Ауэ сыт хуэдэу защIами, ягу зэбгъэдыхьакъым. /Испытывать неприязнь друг к другу/.

дзыхь егъэзын [23] Фыунэрыуэщ, фыхъунщIакIуэщ, си щIыбагъкIэ фыкъызэмыуэнкIэ си дзыхь фэзгъэзкъыми, фи къэлатхэр сэ здэсщтэнщ. /Доверять кому-либо, быть доверчивым/.

емыкIу къэхьын [44] Улъэпэрапэрэ емыкIу къэпхьмэ зи гуапэ хъуни къахэкIынкъэ жылэм. Я нэхъ лъэрызехьэр къыппырагъэуэнущ. /Опозориться/.

[и] жьэм банэ Iуралъэф жыхуаIэм хуэди [29] Сытуи нэ Жан, и жьэм банэ Iуралъэф жыхуаIэм хуэди.

кIэбгъу зыщIыжын [116] Нэхъ къэрабгъэм ящыщкъым Елджэрыкъуэм и мэлыхъуэхэри, щтэуэ кIэбгъу защIыжыну. /Улизнуть, убраться восвояси/.

[я] кIэ даупщIэри [73] Щатегубжьэм я кIэ даупщIэри уэркъ шууитIым зыIурагъэхыжащ жеIэ. Ди хэку щымыщ хьэщIэу хуегъэфащэ. /Поджав хвост/.

къэтэмакъкIэщIауэ [62] Бысымым и псэ и хьэщIэ пыIуидзэ хабзэщ уэ укъэмыщтэмэ, си хьэщIэм и пIэкIэ си псэ ппызогъэтIылъ! – жриIащ абы уэркъ щIалэжьым, къэтэмакъкIэщIауэ. /Разозлиться/.

лыр шхын [43] Дэнэ хэкуи щыIэщ, а пщы уэркъыр, лэжьакIуэжьым и лыр дэни щашх. КIуэ къалэхэм зи щхьэ нэхъ хуит сатуущIэ IэпщIэлъапщIэ сыт хуэдэхэр дэсщ. /Издеваться над кем-либо, заставить кого-либо нервничать, переживать/.

лъы гъэжэн [12] Лъы игъэжэну ирихуакъым, сыту щытми, уэркъ мэхъаджэми адыгэщ, адыгэлъ ящIэтщ, адыгэбзи яIурылъщ. /Проливать кровь/.

лIы ирокъу [30] Бжэдыгъупщхэр лIы ирикъумэ, кърекIуи ирехьыж! – жари Абэзэхэ хэкум и цIэкIэ жэуап ирагъэхьыжащ. /Храбрый, смелый, отважный/.

напщIэм телъын [10] Джэгушхуэ гуэрым джэгукIэ псомкIи щытхъу къыщихьауэ къыщигъэзэжым, хуэмышыIэуи адэм хуиIуэтэжащ. Ар и напщIэ зэрытелъыр къыфIыхэщIащ и псэлъэкIэм. /Гордиться кем-чем либо, кичиться чем-либо/.

напщIэ Iэтын [40] ХьэщIэм нэмыплъ гуэр къариту гу лъатакъым хэгъэрейхэм, и цIэми щIыгъу щытхъум щхьэкIи лейуэ и напщIэ иIэту ялъэгъуакъым. /досл. поднять глаза/.

напщIэм телъын [49] Пэжщ, хэт и ныбжьыщIи дахэщ, гуакIуэщ, ауэ уэркъ пщащэхэм я дахагъи я гуакIуагъи я напщIэм телъ уэркъыгъэ-пагагъэм гуемыIу щIохъукI. /Гордиться кем-чем-либо/.

насып текIуэн [] И щхьэкIэ япэщIэхуащ апхуэдэ гуп. Ауэ езым зэрыжиIэщи и насып ятекIуащ. /Победить счастьем/.

нэр тедиен [45] Зыр езым ишщ, адрейр щилъагъум зыхуихьынур имыщIэу къызэщIэвыIыкIащ, и нэр тедияуэ. /^ Взгляд застыл/.

нэм къыIуидзэн [50] А лъэныкъуэмкIэ плъэри, ерстэм пщащэр къахицIыхукIащ. И нэм япэу къыIуидзар и дыщэ пыIэ цIыкIуращ. /Бросаться в глаза/.

нэр къызэрыхуикI [30] КIэмыргуей хэкум хьэлэбэлыкъ щыхэхуэнкIэ и нэр къызэрыхуикI щыIэкъым. /Не испытывает сильного желания, стремление к чему-либо/.

нэкIэ шхын [50] Иужьым, и щхьэщыукIытэжри, джэгум хэплъэ хуэдэу зищIащ, «мы пщащэ цIыкIур нэкIэ щхьэ сшхырэ?» жыхуиIэу. /Есть, пожирать глазами/.

нэм къиубыдын [93] Бгыщхьэм, нэм къиубыд къудейуэ, къуршыбгъэхэр щызоуэ. Бгы лъапэхэм, хы щхъуантIэ щIыкIэу уфафэу пшэ гуэрэнхэр телъщ. /Заметить кого-что-либо/.

нэр техуэн [36] Аурэ здэкIуэм и нэр щIалэ гуэрым тохуэ. ЩIалэр пхъэ зэфIэбдзэ куэбжэм къыIуувауэ хоплъэ. /Заметить кого-либо; букв. попасть глазами/.

нэ щIыIэкIэ еплъри [119] Нэ щIыIэкIэ еплъри фызым жиIащ: «Къэзгъэзэжмэ, къызэпха щхьэкIуэм и унафэр тщIынщ. /Взглянуть холодными глазами/.

нэр пIэпех [135] ТIэкIу дэкIри,дыгъэ бзий уэрыр хъупIэми къытрикIащ, удз щхъуантIэр хышхуэ пэлъытэщи мэуфафэ, гъэгъа зэмыфэгъухэмкIэ, зэщIэлыдэу алэрыбгъу щIэращIэм хуэдэщи, нэр пIэпех. /букв. отнимает глаза/.

нэгум къыщIыхьэжын [78] ЩызэхищIэкIи и нэгу къыщIохьэж и сабиигъуэм щыщIэдзауэ къигъэщIауэ хъуар, и нэгу щIокIыж а псор. /Встать перед глазами/.

нэгум щIэкIын [11] И нэгу щIэкIар, псысэм зэрыхуэдэщи, пшагъуэ гуэрэным фIыхелъэсэж, хъыбарущ игу къызэригъэкIыжыр. /Видеть, быть свидетелем чего-либо/.

нэгъуэщIынэкIэ еплъын [136] ЩещакIуэм зэрилъэгъуам хуэмыдэу, Ерстэм абы нэгъуэщIынэкIэ йоплъ иджы. /Взглянуть на кого-либо другими глазами/.

пэр щIым щыхуэн [25] «Еблагъэ» бжесIэнущи иджыри къэс сигу къэкIыжакъым. Ар къищIэмэ, ди адэм си пэр щIым схущихуэнщ. /букв. тереть нос о землю; показать где раки зимуют/.

псэм дыхьэн [11] НэIуасэ къыхуэхъу цIыхухэри и псэм дыхьэркъым, зэрицIыхуам фIигъэкIыркъым, илъагъумэ – и жагъуэкъым, имылъагъукIи игу къэкIыркъым. /Почувствовать что-либо всей душой/.

псэм ищIат [87] А гуащэ темэм зы мыгъуагъэ къазэрыхуихьынур си псэм ищIат. /Почувствовать душой/.

псэр хэхын [26] ЛIыгъэ хэлъкъым жыпIэ хъунукъым. И псэр хэпхами къэдзыхэнукъым. Ауэ и лIыгъэ сыт хуэдэ мурадым хуэщIа? /Умертвить, нагнать страху/.

псы щIыIэ дэжащ я кум [81] Псы щIыIэ дэжащ я кум: унагъуэми я щIасэкъым, блащхъуэ шыхьам хуэдэу щощтэ, езыри къащомэхъашэ, фIэдахэ илъагъуркъым, псоми защедзей. /Между ними холодная вода пробежала/.

[и] плIэм доху [135] Абы ущыхэплъэкIэ, гущтэ гупсысэхэри уи плIэм доху, уи нэр тедиящи, къыпхутечыжыркъым. /Гора с плеч; букв. падает что-либо с плеч/.

пщэм дэлъын [237] Дэ зыхэдгъэкIуадэкIэ, абы и фIыгъэ Суанд екIыну? Ди пщэ дэлъыр нэгъуэщIщ, ди щхьи псэууэ Суанди къыдэтхыжынырщ. /Лежать у кого-либо на шее/.

пщэм дэсын [ ] ИтIани, егъэувыр я хабзэу, щыкIауэ уэркъыр я пщэ дагъэсщ. /Сидеть на шее у кого-либо/.

пIэм ижыхьын [22] Адрейр къэхъуари ищIэнури имыщIэу, и пIэм ижыхьауэ щIалэ цIыкIури и шыплIэм зэрыдэубыдауэ, нэр къытедияуэ къоплъри щытщ. /Застыть на месте как вкопанный/.

сабэр дэпхъеин [85] «… унагъуэ тэмэм тешэрыпIэу срамыгъэтIысхьэфынумэ, ди унэ сыкIуэжынущ!» - жиIэри сабэр дрипхъейуэ къэуващ. /Рвать иметать; букв. в небо швырять пыль/.

фIыншэ щIилъхьауэ поплъэ [271] Шу закъуэр къыздекIуэлIэжыр къищIащ иджы. ФIыншэ щIилъхьауэ поплъэ адэкIэ илъагъунум. /Истомиться от длительного ожидания/.

хьитIым я кум къыдэкIа [31] ЛIы хьитIым я кум къыдэкIам я жьэ къихь къыджаIэу куэдрэ къыдбгъэдэтыну.

шэуэ техуэн [265] ГушыIэ бэлэрыгъа иридзауэ къыщыхъуу, ар пщащэм игу шэуэ техуауэ къыфIэщIащ Ерстэм. /Поразить, убить словом/.

щхьэм дэуеин [175] ПщIэншэрыкIуэ зэрыхъуар и щхьэм дэуеижауэ, Ерстэм архъуанэм хэплъэу заулрэ зыщиIэжьащ абдежым. /Ударить в голову; огорчиться, разволноваться/.

щхьэ течауэ [118] Унагъуэм къыщыхъуамкIэ щхьэ течауэ зэупщI хъунур шынэхъыжьитIырати, тIури дэмысу къыщIэкIащ. /Вывести на чистую воду; откровенно/.

[и] щхьэ зэрыхьщ [101] И ужь зрихуэну хуиIуэхур сыт, къызэрыпылъи зэрыпылъыжи щыIэкъым, и щхьэ зэрыхьщ. /Пропади пропадом/.

^ Iэр зэтедзауэ щысын [157] АтIэ, сыт фигу илъыр, фи IитI зэтедзауэ фыщысурэ зыкъевгъэшхынущ яжесIащ. /Сидеть сложа руки/.


[и] Iэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ [131] И унагъуэ щхьэхуэу, и закъуэу псэуну щIы бжесIэнути, арии хъунукъым – цIыху хуэдэу и Iэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ, уи унагъуэ зезыхьэн фыз пхуэхъунукъым. /Засучив рукава/.

^ Iуэху джэгукъым [81] Апхуэдизым, гукъанэ къыхэмыкIыу, гуащэм удекIуэкIыныр, ар арэзы пщIныр Iуэху джэгукъым. /Не шутки/.


Псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр


Дунейм зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынукъым езым къигъэщIыжа псалъэжьхэр куэд дыдэу имыIэу, сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ зы лъэпкъми иIэщ езым и тхыдэрэ и хабзэрэ. ИкIи адыгэбзэри, адыгэ лъэпкъри апхуэдэ дыдэщ. Адыгэ псалъэжьхэм лъэпкъым и гупсысэкIэр, и дуней тетыкIэр хэтлъагъуэу щытщ. Псалъэжьхэр – ар ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къадэгъуэгурыкIуэ Iущыгъэщ. Псалъэжьхэр IуэрыIуатэм и адрей жанрхэм зыкъомкIэ къащхьэщыкIыу щытщ: мыхэр цIыхум и нэгу щIэкIа, гурэ псэкIэ зэхищIа, лIэщIыгъуэкIэрэ зыкIэлъыплъа Iуэхугъуэ гуэрым епхащ. Псалъэжьхэр бзэм и гъусэу, къыгуэхыпIэ имыIэу абы епхауэ щытщ. Аращ ар адрей жанрхэм нэхърэ нэхъыбэрэ цIыхум къагъэсэбэпу щIыщытыр, нэхъ куэдым щIащIэр.

Псалъэжьхэр зыгъэдахэр, шэрыуэ зыщIыр абыхэм ящIэлъ макъамэрщ. Ахэр Iупщщ, нахуэщ, цIыхум псынщIэу игу иреубыдэф.

Псалъэжьхэм махуэ къэс гъащIэм дызщрихьэлIэ Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ, куэдым ехьэлIа мэхъу. Иныкъуэ псалъэжьхэм зи гугъу ящIыр наIуэу нэгъэсауэ къаIуатэ (Уи япэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ). Мыбыхэм и япэ Iыхьэм къишэр етIуанэм къеIуатэ. Адрей псалъэжьхэр зы Iыхьэу, зы псалъащхьэу къокIуэ. (Ажэ цIыкIу бжьакъуэшхуэ; Гъатхэпэ уэгъурэ бадзэуэгъуэ уэлбанэрэ). Псалъэжьхэр пыджэу, зыжраIэм игу хагъащIэу щыткъым, атIэ, гуапэу иущийуэ, языныкъуэхэми гушыIэ хэлъу ехъурджауэ щIыкIэу, бзэ дахэкIэ, щабэкIэ къыбгурегъаIуэ.

Псалъэжьхэр гуп-гупу бгуэшыну гугъущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, япэрауэ, ахэр икъукIэ куэд дыдэ мэхъу, етIуанэрауэ, ахэр зытемыпсэлъыхь, абыхэм къызэщIамыубыдэ Iуэхугъуэ куэд щыIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, мыхэр зыщхьэщыбгъэкI хъунущ мыпхуэдэу:

1. ^ Лэжьыгъэм ехьэлIахэр: Лэжьыгъэм хэзагъэри щIэныгъэми хозагъэ; Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ; Дыщэр дыщэ зыщIыр пщIантIэпсщ.

2. ЦIыхум и дуней еплъыкIэкъэзыгъэлъагъуэхэр: Уигу ирихьыр фIыщ, фIыуэ плъагъур дахэщ; Псынэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ; Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ.

3. Хабзэм, нэмысым ехьэлIахэр: Псэр щэи напэ къэщэху; Япэ джэлам ущIэмынакIэ; ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж.

4. Гъэсэныгъэм, сабий пIыным ехьэлIахэр: Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гунэ иIэкъым; Уи ин жеIэ уи цIыкIу гъэдаIуэ; Фащэм я нэхъ дахэр укIытэщ.

5. ЦIыхум я хьэлIщэнхэр, я зыхущытыкIэр къэзыгъэлъагъуэхэр: Акъыл кIэщIыр бзэгу кIыхьщ; Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ; ГушыIэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэр.

6. Бзылъхугъэм ехьэлIахэр: Лъы уасэрэ пхъу уасэрэ мылъку хъункъым; Насыпыр фызым къыдокIуэр; Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.

7. ХьэщIэным, хьэщIагъэм ехьэлIахэр: ХьэщIэ лей щыIэкъым.

8. Щхьэхыныгъэм, хуэмыхуагъэм ехьэлIахэр: Арму и унэ лъэбышэщ; Щхьэхынэм и махуэ кIыхьщ; Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ.

9. Гъэм и зэманым теухуахэр: Гъатхэ уафэ гъуанэщ.

Адэк1э къэтхьынщ «Шу закъуэм» къыхэдгъуэта псалъэжьхэр, алфавитк1э зэк1элъыхьауэ, дыщрихьэл1э напэк1уэц1ыр къэгъэлъэгъуауэ.


^ Блэ зэуар аркъэным щощтэ [17] // Ужаленный змеей аркана боится. Иужьым, игу зэбгъэжауэ, Ерстэм пыдыхьэшхыкIащ: «Блэ зэуар аркъэным щощтэ» жыхуаIэращ.

(и)гу илъыр и бзэгупэм телъщ [162] // Что на сердце, то и на языке.

^ Гугъэрэ щэхурэ зимыIэ щыIэкъым [162] // У каждого есть надежда и своя тайна. ЗэрыхъумкIэ, Батым игу илъымрэ и щэхумрэ Ерстэм хищIыкI щыIэкъым иджыри. Игу илъыр и бзэгупэм телъщ жыхуаIэм хуэдэу къыщыхъуа щхьэкIэ, ар нэхъ зэкъуэущIэ хъуауэ къыщIокIри: «Аращ щIыжаIэр: гугъэрэ щэхурэ зимыIэ щыIэкъым».

^ Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуач [214] // Сердце к сердцу тропу прокладывает; Сердце сердцу весть подает. Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуач зэрыжаIэу щIалэ гу къабзитIым ягу зэуэ зызэхуашииным гъэщIэгъуэнышхуи хэлъкъым.

^ Дунейр хьэхущ [206] // Жизнь не вечна. Дунейр хьэхущ, жиIащ адыгэм гупсысэри. А гупсысэм и цыпэ цIыкIу къыхэуа хуэдэщ Ерстэм и гум.

Джатэ и щIагъ нанэ щыIэкъым [21] // Под мечом мама не сидит; Если меч обнажен, то шутки в сторону. Зыгуэр жиIэным пэплъэу, Ерстэм щIалэжь пхам заулкIэ щхьэщытащ, ахъи быхъи жиIакъым, къеплъыхакъым «Бзаджэми, лIыгъэншэкъым», - жиIащ игукIэ Ерстэм – Джатэ и щIагъ нанэ зэрыщымыIэм щыгъуазэщ.

^ Е улIэн, е улIын [16] // Или умереть, или быть мужчиной. «Дгъащтэри гъуэгум дэдгъэхащ жаIэрэ сызыцIыху гуэрым жылэм хъыбар гуэр яхигъаIуэмэ… ар ныбжь хъунщ. Делагъэми Iущагъэми си цIэ апхуэдэу Iу нэхърэ, сахьми сашхми нэхъыфIщ. «Е улIэн, е улIын» щIыжаIэр нобэ хуэдэ зы махуэщ.

^ Жьы хъур жейнэдщ [70] // Пожилые люди любят спать. КъинэмыщIауи, жьы хъур жейнэдщ жиIакъэ, жейм сыхилъафэрэ хьэщIэр сымылъагъуу ежьэжмэ, жысIэри абыи сегупсысащ.

^ Зи щэху къыпщызыбзыщIым уемыупщI [178] // Не спрашивай того, кто скрывает от тебя свои секреты. – КIуэ, уи Iуэхурэ уи щэхурэ сыщыбгъэгъуэзэну ухуейкъыми, сыноупщIыркъым, - зи щэху къыпщызыбзыщIым уемыупщI жиIащ пасэрейм. ИтIани, гъусэрэ дэIэпыкъуэгъурэ ухуэныкъуэмэ къызжеIэ – гъуси дэIэпыкъуэгъуи сыпхуэхъунщ, - жиIащ Ерстэм, игу зэрыхухэщIыр къыфIыхэщу.

^ Зи мылъку ядыгъуарэ зи щэху яIуэтарэ дзыхьмыщI мэхъу [179] // Тот, кого обворовали, и чьи секреты раскрыли, становится недоверчивым. Ауэ, зи мылъку ядыгъуарэ зи щэху яIуэтарэ дзыхьмыщI мэхъу жаIэ, си бийм си щэху зыгуэркIэ къащIэрэ лей къызахмэ, шэч зыхуэсщIынум ящыщ ухъуну сыхуейкъым.

^ ЗэмыщхьитI зэрихьэлIэкъым [168] // Два сапога пара. ЯгукIэ зэхуэарэзыуэ, Iуэхур мопхуэдэу щыхъум зэрыгъуэтыжарэ Суанд и Iыхьлыхэм ялъ ищIэжын мурадкIэ къежьагъэн хуей хъуамэ… Ари пщIэнукъым, я щIыкIэкIи я гу къабзагъэкIи зэхуэфащэщ. Пасэрейм жиIакъэ зэмыщхьитI зэрихьэлIэркъым.

^ Иныр зэрыплъэр цIыкIум я пщIыхьщ [9] // Взгляды взрослых формируются в детстве. Иныр зэрыплъэр цIыкIум и пщIыхьщ зэрыжаIэу Ерстэм и цIыкIугъуэм щыублауэ, и гу пщымрэ уэркъымрэ яхуэплъу къэтэджащ.

^ Къыпхуеблагъэ тхьэмыщкIагъэр псэм зэхещIэ [157] // Душа чувствует приближение беды. Къыпхуеблагъэ тхьэмыщкIагъэр псэм зэхещIэ жыхуаIэращ – Суанд игъуэу …. къыщIэкIащ.

^ Къэрабгъэм Iэджи къыфIэщIынущ [97] // Трусу многое может показаться. Иужьым, «къэрабгъэм Iэджи къыфIэщIынщ» - жиIэри … , абы и гумэщIи хэкIыжащ.

Лъагъуныгъэм иубыдар дзыхьмыщIщ [140] // Влюбившийся человек становится недоверчив. Лъагъуныгъэм иубыдар дзыхьмыщIщ, къэрабгъэщ жыхуаIэращи, Ерстэм зытриубыдэнур имыщIэу и щхьэм куэдрэ ечэнджэщыжащ.

^ ЛIыгъэмрэ акъылымрэ цIыхур егъэдахэ [44] // Храбрость и ум украшают человека. ЛIыгъэмрэ акъылымрэ цIыхур егъэдахэ – аращ Батыми: гушыIэ делэ зыутIыпщым ящыщкъым дыхьэшхырейуи плъагъуркъым.

^ Мэз бжэным езыгъапщэу мыщэ къэзыукIа [60] // Целился на козу, а убил медведя. Мэз бжэным езыгъапщэу мыщэ къэзыукIам ещхь сыхъуащ. апхуэдэу сышэрыуэу сщIакъым, ар зи фIыщIэр уэращ, ди хьэщIэ, уи насыпым къихьащ – пыгуфIыкIыу къыбгъэдыхьэжащ Батым и хьэщIэм.

^ Мазэрэ мазэхэрэ уи щэху щыжомыIэ [43] // Лунной и безлунной ночью не раскрывай свои секреты. Мазэрэ мазэхэрэ уи щэху щыжомыIэ жаIэу щытащ, щэху псори хьэщIэщым щаIуатэу къэгъуэгурыкIуащ.

^ ПащIэр мэгувэ [250] // Тот, кто торопиться, всегда задерживается. ПIащIэр мэгувэ жыхуаIэм хуэдэу, куэд дыдэрэ пэплъауэ къыщыхъуащ лIитIым.

УмыувыIэмэ, къиувыкI уIущIэнщ [267] // Не перегибай палку, иначе пожалеешь. УмыувыIэмэ, къиувыкI уIущIэнщ жыхуаIэр аращ. МыувыIэмэ унагъуэм къина щIалэ закъуэри кIуэдынкIэ шынагъуэщ.

^ ФIэкIыпIэ гуэр зимыIэ щыIэкъым [270] // Безвыходных ситуаций нет. Псы ябгэр пэжщ, ау эфIэкIыпIэ гуэр зимыIэ щыIэкъым, абыи фIэкIыпIэ гуэр иIэ хъунщ, - жиIэри батым къызэрыфIэIуэхуаи щымыIэу архъуанэм хуиIуэнтIащ.

^ ФIыуэ зылъагъум зигъэгусэрейщ [265] // Влюбленный человек обидчив. Уигу къызумыгъабгъэ, сыгушыIауэ аращ, псори къызгуроIуэ, тIэкIу зызгъэгусари пэжщ. ЦIыхум жаIэркъэ фIыуэ зылъагъум зигъэгусэрейщ.

^ Хьэдэм узу хэлъыр хокIыж [115] // Мертвые избавляются от всех мучений и наказаний. Хьэдэм узу хэлъыр хокIыж зэрыжаIэм хуэдэщи, бзаджэу къуэлъари хуогъуж – и псэкIэ ипшыныжауэ мэхъу.

^ ЦIыхум и гурыщхъуэ и пэ иту макIуэ [15] // Сомнение человека идет впереди него. ЦIыхум и гурыщхъуэ и пэ иту макIуэ: зыхуэблагъэ мэз гуэрэным шынагъуэ гуэр къыщыпэплъэу къыщохъу Ерстэм.

^ ЦIыхуищым зэдащIэмэ щэху щыIэжкъым [179] // Если известно трем людям, то это уже не тайна. ЦIыхуищым зэдащIэмэ щэху щыIэжкъым. Щэхур Iуэта хъумэ, абы щыгъуазэ псори шэч щIыпIэ зэрыхъури сощIэ.

^ ЦIыхум къыбдимылъагъуну шхыни, фащи, благъи сыту пщIын [48] // На что одежда, еда и родственники, если их не увидят люди. «ЦIыху зыщумылъагъужынум тхьэм уихь!» - жиIэмэ, адыгэм нэхъ гыбзэ бзаджэ дыдэу илъытэу къэгъуэгурыкIуащ. «ЦIыхум къыбдимылъагъуну шхыни, фащи, благъи сыту пщIын!» - жеIэ адыгэм. ЦIыхум къыхужаIэнумрэ къыхуаусынумрэ нэхъ зыфIэлIыкI адыгэм иIакъым.